
Полная версия
Хынабдзэ
– АтIэ уэри кIуэ, Мыщэ, щIыIэр, пщтыр гуэр уемыфэмэ упIыщIэнщ.
Тхьэмадэм и хьэуазэм Къарэрэ Мыщэрэ къикIыу шхакIуэ щежьам адрейхэр хьэ Iус ефапIэм насакIэт.
Къарэ нэхъ псынщIэ зещIри, Мыщэ япэ йощ. Мыщэ хуэмурэ макIуэ. Хьэхэм я шхапIэм щынэскIэ, ябгъэдэмыхьэпэу къызэщIоувыIыкI. НакIуэпакIуэу яхыхьэу ядэшхэну къригъэзэгъыркъым. «Мыри дэнэ къикIа хьэ хьэулей» – жиIэнщ хьэ Iусыр хьэкхъуафэм яхудэзылъхьэ лIым» – игу къокI Мыщэ. – Бзаджэ гуэрмэ Iэ ижьымкIэ иIыгъ бэлагъышхуэр къызиутIыпщынкIэ зэфIэнэнукъым» – и щхьэ мыгъуагъэ хуехьыж Мыщэ.
– Мыр щхьэ фымышхрэ, – жиIэурэ хьэкхъуафэ плIанэпэм дэлъ Iусыр адрейхэм яхуегъэкIуатэ лIым. АрщхьэкIэ и бгъум щыт Къарэ пэкIэ къеIунщIурэ кхъуафэ плIанэпэм детхъуэж.
– Сыт пщIэр зищIысыр? – мэгубжь лIыр. – Мыр хьэрэму ара? Етхъу аргуэру Къарэ дежкIэ. Ар аргуэру пэкIэ хущIэроуэри, шхэныр зэпигъэуауэ Iусыр къезыта лIым худоплъей. ИтIанэ, мор плъагъуркъэ жыхуиIэу, Мыщэ дежкIэ зоплъэкI. ЛIыми абы гу лъетэ.
– Мис иджы къызгурыIуащ псори. Мобы и Iыхьэ къэбгъэнауэ аращ. Уэри дэнэ укъыздикIар. Куэдрэ зумыIуэнтIыхьу къакIуи шхэ. Мис уи Iыхьэр плIанэпэм дэлъщ.
Мыщэ и пIэм къимыкIыу, лъэныкъуэкIэ йоплъэкIри, игъэзэжыну хуожьэ.
– Уэракъэ жыхуэсIэр! – лIым бэлагъыр еший аргуэру Мыщэ дежкIэ. – КъекIуалIи къыпхуагъэна мы уи Iыхьэр шхы.
Хьэхэм шхэн щагъэтауэ, Мыщэ дежкIэ маплъэ, къакIуэ жыхуаIэу. АрщхьэкIэ мэукIытэри и пIэм къикIыркъым. ИтIанэ хуеплъэкIыурэ къыщIопхъуэж. Мыщи хуэмурэ хьэкхъуафэм бгъэдохьэ. ЖэщитIрэ махуиIрэ хъуауэ зы дзакъэгъуи и джийм емыха пэтми, нэпсеягъ хэлъу къыхуагъэнам епхъуэркъым, машхэ мыпIащIэурэ. Абы нэхъ ерыскъы IэфI игъащIэм и бзэгум темыхуауэ къыфIощI, апхуэдизкIэ мэжэлIащи.
Адрей хьэхэр щхьэж и занщIэу зэбгырыкIауэ хэт уэсым зыхекухь, хэти хьэмбыIуу тIысауэ зеплъыхь. Къарэ Мыщэ нэхъ и гъунэгъуу къэувыIауэ щышхэм и пэм кIэрыпщIахэр уэсым хиIуурэ кIэрелъэщIыкIыж. Хьэхэр зыгъашхэ лIым пэгун джабэм къыкIэрынаIамэ бэлагъымкIэ къыкIэрихыжурэ Мыщэ худелъхьэ. «Шзэ умыукIытэу, – жеIэ абы, – уэ сэ слъагъур икъукIэ умэжэлIащ. ЩIымахуэбгым дэнэ укIуэн. Мыбыхэм урагъусэу гъатхэ хъуху мы фермэм тес. Адрейхэр зэрыхъум хуэдэу уэри ухъунщ. КIэщI-кIэщIурэ лы уэзгъэшхыну укъэзгъэгугъэркъым, ауэ уи ныбэ згъэныкъуэнкъым. Сэ мы фермэм пщафIэу сытесщ».
Мыщэ шхэн еухри кхъуафэм къыбгъэдокIыж. Ерыскъы хуабэ Iухуэри нэжэгужэ къэхъужащ. Нэхъыщхьэу абы къъыгурыIуащ гъусэ зыхуэхъуа хьэхэми, фермэм тес Iэщыхъуэхэми Мыщэ и жагъуэ къызэрамыщIынур. «Сыкъытенэнщ мыбы» – зиплъыхъурэ жеIэ Мыщэ и гукIэ, – сыщылIэнкъым. Нэхунэ зэрыжиIэу щытащи, Алыхьым жыхуиIам дыхуэзэнщ».
Дапхуэдизу фIыуэ къыхущымытми, щтэIэщтаблэщ Мыщэ. Зы дакъикъи и гум ихуркъым къыщыхъуа, и гъащIэм и IэфIыпIэи щIалэгъуэр щигъэкIуа Нэхунэ и пщIантIэр, зы дзэкъэгъуэ фIэкIа имыIэми, ар щыуэ игуэшурэ къезыту щыта езы Нэхунэ.
Хьэуэ, нэмыплъ къратыркъым Мыщэ фермэм тес цIыхухэми хьэхэми. Я псэм, я нэм хуахьу къалъагъу ар абыхэм. Ахэм яхэлъ гущIэгъум щхьэкIэ Мыщэ имыщIэн щыIэкъым. ЛъэкIыращи, жэщым зи плъырыгъуэ хьэхэр игъэжейуэрэ езым фермэм щаIыгъ Iэщхэр ехъумэ. Зыгуэрым «цырхъ» зэрыжиIэу банэу щIедзэри, тIэкIу щхьэукъуа жэщ плъырыр къегъэуш, сакъ къакIуэIа си гугъэщ жыхуиIэу.
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, зи чэзу Къарэ тIэкIу гукъыдэмыжти, абы и пIэкIэ зи плъырыгъуэ лIым щIыгъуу Мыщэ фермэр ихъумэрт. «Уэ, Мыщэ, умыбэлэрыгъ, сэ зы сыхьэт хуэдэкIэ сыщхьэукъуэнщ» – жеIэри, лIыр щIэщIым тогъуалъхьэ. Мыщэ зыкъригъэлыжын сытми апхуэдэ къалэн и пщэм къралъхьауэ-емытIысэхыу жэмхэр, IэщIэвыщIэхэр зыщIэт бохэр мыпIащIэу, къэувыIэрэ зыщIэдэIукIрэ аргуэру ежьэжыу, къекIухь. Псори мамыр хуэдэщ. Дыгъужь къеIэнкIэ Мыщэ шынэркъым, ахэр мащIэ хъуащи, илъэсым къриубыдэу зэзэмызэщ щалъагъур. Ауэ дыгъужь лъакъуитIхэр егъэлеяуэ бэгъуащ.
Ахэр къащтэ, яшх хъун зыдэщыIэ щIыпIэхэм жэщ, махуэ ямыIэу къыщохутэ. Щысхь лъэпкъ ящIэркъым.
И бзэр мыпсалъэ пэтми, Мыщи къыгурыIуащ: иджы нэхъ зыхуэсакъын хуейр ахэращ. Фермэм тес хьэхэм мызэу къахуихуащ дыгъужь лъакъуитIхэр щыщIагъэIа.
Мыщэ бэлэрыгъыркъым: мэдаIуэ, мэпамэ, зыщIэтIысыкIыурэ жэщ кIыфIым пхоплъ. ДэнэкIи щымамырщ, итIани жей зэрымыхъунур ещIэ. Плъырыр абы зыкъомкIэ къыщогугъ. ИтIанэ къызыщIоувыIыкIри, дыгъужь «лъакъуитIхэр» къыздэкIуэнкIэ хъуну лъэныкъуэмкIэ и гупэр гъэзауэ мэтIыс, тэкIу зигъэпсэхуну.
ИтIани бэлэрыгъыркъым Мыщэ. КъэмыхъуIауэ жэщыр игъэкIуэн щхьэкIэ и нэбдзыпэ зэтримылъхьэу нэху игъэщынущ. Мыщэ есакъым къызэрыщыгугъымкIэ игъэщIэхъуIауэ. Ар Нэхунэ егъэлеяуэ фIыуэ илъагъуу щIыщытар арат. КъыщIэкIрэ пщIантIэм зэщиплъыхьамэ, зыхуейр къищIа хуэдэ бгъэдыхьэрти худэплъейуэ тIэкIурэ щытт, итIанэ зыщихъуэу щIидзэрти «мобыкIэ кIуэ, е мор гъащтэ» – жыриIэху бгъэдэкIыртэкъым.
ПхэщIкIэ здэщысым, IэщIэвыщIэр зыщIэт бомкIэ «быркъ» макъ гуэр къоIукI. Мыщэ къызэфIэувауэ, зимыгъэIэуэлъауэурэ абыкIэ макIуэ. Макъыр къыздэIум и гъунэгъу зэрыхъуу, нэхъри зигъэлъэхъшауэ, и ныбэр щIым трилъафэу мэпщ. Елъагъу: тIуу хъууэ бо джабэр кIуэцIрауд. Япэмыжыжьэу зы шызэкъуэгуи щытщ.
Мыщэ здэщылъым зречри, щIалитIым я зым и щIыбым зредзэ. Адрейр мащтэри щIопхъуэ. «Уздэжэр дэнэ?! Мы хьэм сомыгъэшхыу джыдэр къащти къеуэ! – мэкIий Мыщэ зи щIыбым ифыщIыхьыр, здэщыIэр щыгъупщэжауэ. Ар щызэхихкIэ, ищIар къыгурыIуэжауэ, къегъэзэжри къыбгъэдохьэ. Мыщи иубыдам и пщампIэр иутIыпщыркъым. Джыдэр къищтэну зыщригъэзыхкIэ, Мыщэ малъэри, аргуэрым и щIыбым къохутэ. И лъэбжьанэхэр хиукIауэ, щIалэм и щхьэц кIыхьым и дзэпэфIанэмкIэ къокъу. «Си щхьэфэр третхъ!» – мэкIий ар. Мыдрейм ищIэнур имыщIэу, бгъэдыхьэни шынэу зегъэкIэрахъуэри щытщ. Джыдэр къищтэну щыIэбэкIэ Мыщэ гуэрыр абы жьэхолъэ. Мыдрейр и щIыбым лъыр къежэхыу и занщIэр и гъуэгуу щIопхъуэ, абы пэмыжыжьэ нартыху хьэсэм зыхидзэу зыкъримыгъэгъуэтыну. Мыщэ абы кIэлъыжэну зыщричкIэ мыдрейр шызэкъуэгумкIэ мажэ, итIысхьэу щIэпхъуэжыну. Ар Мыщэ къыгуроIуэри, зи ужь иува щIэлэм и гугъу имыщIыжу, къожэкIри шым и гупэм гурыму къоувэ, уи пIэм икIи еплъыт жыхуиIэу.
Мыдрейм шызэкъуэгум зыридзауэ чы ныкъуэзэпыщIыкIымкIэ шым еуэ щхьэкIэ, пхэкIэ къикIуэт мыхъумэ, япэкIэ кIуэркъым. Шым и щхьэр дэнэкIэ ихьми, Мыщэ абыкIэ зедз. Абы и пэр щиубыдыкIыну пхъуэ щхьэкIэ, и щхьэр дридзейуэрэ лъигъэIэсыркъым.
Зэрызехьэ макъым адрей хьэхэри къызэщIеIэтэ. Плъыр лIыр «Уирэ! Уирэ!» – жиIэу кIийуэ къожэ. ШызэкъуэгумкIэ щIэпхъуэжыну зи мурада щIалэр вожэр шы гущIыIум иридзауэ нартыхум холъадэ. Мыщэ абы кIэлъыщIэпхъуа щхьэкIэ, къигъэкIэрэхъуэжауэ шызэкъуэгур ихъумэу шым пэувауэ щытщ.
Къарэ япэ иту, хьэхэр къикI къыжьэхолъадэ. Мыбы исар дэнэ щыIэ жыхуаIэу заплъыхь, Iуож, къыIуолъэдэж. Къарэ Мыщэ къеуфэрэзыхь, къыдэщIын хьэзыру бгъэдоувэ.
Жэщ плъыр лIыр къэсауэ, бо джабэм йоплъ. Iэщыщхуэ къихуэн хуэдэу кIуэцIраудыну хунэсакъым. «Дыкъэпхъумащ, Мыщэ, тхьэм уигъэпсэу», – жиIэурэ шызэкъуэгумкIэ еунэтI. Нэсмэ елъагъу: шым и пащхьэм Мыщэ итщ. Шыри мамырыжащ, ауэ иджыри къыбгъэдэтхэм дзыхьыщэ яхуимыщIу щтэIэщтаблэщ. «А-а-а, псори гурыIуэгъуэм уэлэхьи мис иджы», – жеIэ а жэщым плъыра Сэхьит,– шызэкъуэгум еплъурэ,– жыжьэ къикIа си гугъати, Псыкъуэ къуажэм щыщщ мыр зейр. Ауэ ди щхьэщыгум ит Тхьэр си щыхьэту щысIуэжынщ мы шызэкъуэгур зей Хьэжмэстафэ мы фермэм дыгъуакIуэ къызэрымыкIуамкIэ. Ар, езыр, муслъымэнышхуэщ, дыгъуэгъуакIуэм щхьэкIэ хъущIэу дунейр ехь».
«Дыкъэпхъумащ», – жиIэурэ Сахьит Мыщэ толъэщIыхь, Къари и бзэр псалъэркъым ахъумэ, Мыщэ и телъхьэу Iэджи къыжиIэнут.
Нэхулъэ къищIу хуежьащ. Блыным къраха чырбышхэр зэрыхъукIэрэ иригъэзэгъэжауэ, хьэхэр и ужьым иту, фермэм тесхэм я унэмкIэ Сэхьит еунэтIыж. Мыщэ абыхэм якIэлъыкIуэркъым, си плъырыгъуэр иджыри сухакъым жыхуиIэу.
«КъакIуэ, Мыщэ, къакIуэ уэри» – жиIэу Сэхьид къызэпсэлъэкI щхьэкIэ, Мыщэ и кIэр игъэкIэрахъуэ мыхъумэ, къежьахэм я ужь къиувэну игу илъкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэм и пщIантIэм щыдэса зэманым Мыщэ есащ нэху щыху етIысэх имыIэу пщIантIэри хадэри къызэхикIухьу, я гъунэгъухэмкIи Iэуэлъауэ гуэр щызэхихмэ, куутI бжыхьым ежалIэрэ, банэурэ хъыбар яригъащIэу. ЦIыхум хуэдэкъым хьэр, хьэл хуэхъуар псэуху зыхинэнукъым. Нэху щыуэ Iэщыхъуэхэмрэ жэмышхэмрэ дыгъуакIуэхэм кIуэцIрауда блыным еплъыну къыщыкIуэм, Мыщэ, мыпIащIэурэ, адрей хьэхэм я дежкIэ еунэтIыж. Абыхэм ягъэщIагъуэ ныжэбэ Мыщэ дыгъуакIуэхэм зэрахурикъуар. АфIэкIа хъыбар фермэм телъыжкъым, къытехьэхэми аращ япэу хуаIуатэр. И нэхъ нэсэIуасэхэр бгъэдыхьэурэ Мыщэ толъэщIыхь, псалъэ дахэ жраIэ. Абы ириукIытэ фIэкIа пщIэнкъым Мыщэ – и щхьэр егъэзыхауэ мамыру щытщ, хэт сыт къыжриIэми едаIуэу. Ар нэгъуэщIу щытамэ, сэ зесхьа лIыгъэм хуэдэ зыми лъэкIынукъым жиIэм хуэдэу, моуэ – щэ и щхьэр Iэтарэ и тхьэкIумэхэр игъэджэгуу, къедэхащIэхэм яжьэхэплъэнт. Игъэсащ ар апхуэдэу Нэхунэ. А тхьэмыщкIэм дапщэщи жиIэрт зыгуэрым хуэпщIа Iуэху тхьэбзэм зэи уримыпэгэну, ар бгъэхъыбару къомыкIухьыну. Муслъымэным дежкIи дурыскъым псапэ ищIамэ ар игъэхъыбару къикIухьыну. Абы щыгъуэ ар щIэпщIам лъысынущ, уэри уи псапэр псыхэкIуадэ хъунукъым. Щыпсэум щыгъуэ цIыхум псапэу ищIаращ къемэт махуэм игъуэтыжынур.
Пщэдджыжь шхэгъуэр къэсащи, мыпIащIэурэ хьэхэм кхъуафэ кIыхьым гъунэгъу зыхуащI. Мыщэ хьэмбыIуу щысщ. Къарэ абы и дежкIэ къоплъэкI, къакIуэ уэри мыбыкIэ жыхуиIэу. Зыщимыгъэхъем Мыщэ дежкIэ зыкъигъэзауэ зыщыплIрэ зыкIэлъобанэ. Мыщи и щхьэр иIэтауэ маплъэ. Ар жэщ псом зэрымыжеяр Къарэ ещIэри, и жеин къэкIуауэ аращ и гугъэр, арщхьэкIэ апхуэдэ зыгуэри абы иджыпсту хухэткъым.
«Къарэ, Мыщэ, КIэху, Лъэбыху, Пэри, МаскIэ… фыкъызэхуэс!» – жиIэу кIийуэ Iэщыхъуэхэм я пщIафэ Уцэ кхъуафэмкIэ къокIуэ. Зы пэгунрэ шынакъжьейрэ иIыгъыу. Абы и ужьым иту унэм къыщIокI Уцэ и пщафIэгъу Маружан. Ари тепсэшхуэ и блыгум щIэту кхъуафэмкIэ макIуэ.
Уцэ шынакъжьеймкIэ хьэ Iусыр кхъуафэм декIэ. Хьэхэми щхьэж и увыпIэм деж зыIуигъэзэгъауэ пщэдджыжьышхэр ирагъэкIурэмэх. Ауэ Къарэ и гур Мыщэ дежкIэ щыIэщи, ишхыр и дзажэ дэмыхьэу, абы хуоплъэкI. зэрыщысам хуэдэу зимыгъэхъеяуэ щысщ ар иджыри.
«Мыщэ, Мыщэ!» – Маджэ Маружан, абы и дежкIэ плъэурэ.– Мыщэ, къакIуэ мыдэ абдежым уи закъуэ ущымысу». Мыщэ зыкъиIэтауэ хьэлъэ- хьэлъэурэ Маружан дежкIэ макIуэ. Кхъуафэм щынэблагъэкIэ, абы къеплъурэ, Маружан жеIэ: «Уэ, Мыщэ, мыдэ къакIуэ, уэ щхьэхуэу пщэдджыжьышхьэ пхуэтщIащ. Мэ шхы» – жиIэурэ Маружан иIыгъ тепсыр Мыщэ и пащхьэ кърегъэувэ. Ар абы хэIэбэркъым. Кхъуафэм еувэкIауэ шхэ хьэхэми яхохьэ. НэгъуэщI химыгъэIэбэу Къарэ хуихъума Iусым Мыщэ хошхыхь. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, Уцэрэ Маружанрэ йоплъри щытхэщ.
– Сыту хьэ губзыгъэ икIи Iущ мы Мыщэ, – жеIэ Уцэ. – Еплъыт абы. Мо хьэхэм нэхърэ сэ сыткIэ сынэхъыфI, щхьэхуэу Iус щIысхуэфщIынур сыт жыхуиIэу аращ абы.
– Тобэ, тобэ, гъэщIэгъуэнщ ар, – и IэгуитIыр зэтригъауэурэ Маружан егъэщIагъуэ Мыщэ ищIар. Абы щхьэхуэу хуагъэхьэзыра Iусыр ехьри псори щышхэ кхъуафэр къэзыбзеиж ныбэрицIэ МаскIэрэ КIэхурэ яхудекIэ. Зыр адрейм епэщIауэу, Iусым хэлъ лы Iыхьэшхуэр а тIум зэпатхъауэ яшх. МаскIэ нэхъыбэ лъыса и гъугъэу, КIэху, абы хуеплъэкIыурэ, мэгурым. МаскIи нэхъ зигъэщабэркъым. Абы къыфIигъэкIмэ, зыридзыну хьэзыру, хэгурымыкIыурэ Мыщэ и Iыхьэр ешх.
Зи ныбэ из хъуа хьэхэр зэхэтIысхьэжауэ зэхэсхэщ. Мыщи абыхэм япэмыжыжьэу лъэныкъуэкIэ щысщ.
А тIур зэплъыжу тIэкIурэ щысауэ, Мыщэ япэ иту ЛъэужьрыкIуэ и гъуэм ихьауэ тIури хьэмбыIуу щысщ. Нэщхъейщ Мыщэ. КъыгуроIуэ ЛъэужьрыкIуэ, Мыщэ зэгупсысыр. Ауэ зэкIэ зыри жиIэркъым, езым къриIуэтылIэну поплъэри. Къари къригъэкIуркъым. Поплъэ ари ЛъэужьрыкIуэ жиIэнум.
– Щхьэ уеэщхъей, Мыщэ? – ЩIоупщIэ ЛъэужьрыкIуэ. – Си гугъэмкIэ Iейуэ къыпхущыткъым фермэм тес хьэхэмрэ цIыхухэмрэ. Хьэмэрэ уагъэшх ерыскъыр уигу иримыхъу ара? Абы нэхъ щхьэусыгъуэ уимыIэмэ уесэжынщ. Дауи, унагъуэхьэхэм яхуэдэу мыбы тес хьэхэр щамыгъэшхэфи къэхъуу къыщIэкIынщ. Ауэ, зэрыжаIэщи, ар щхьэж и насыпщ. Дэ мы фермэм дыкъыщыхъуащ икIи дыщопсэури, нэхъыфI щымыIэу къытфIэщIу къыщIэкIынщ. Узэса лъахэм къытекIуэн зэрыщымыIэр сэри къызгуроIуэ.
– Мис ар пэжу жыпIащ, – пещэ мыщэ ЛъэужьрыкIуэ зэхиубла псалъэмакъым. – Укъыщалъхуа лъахэм нэхъыфI щыIэкъым. Сэри ар сигу къокI. Мы фермэм тес хьэхэри цIыхухэри къысхуэIейкъым икIи нэхъ къысхуосакъ. Псом хуэмыдэу, мы Къарэ зэпымыууэ и нэIэ къыстригъэтщ. Сэ сымышхэмэ езым ишхыр и дзажэ дыхьэркъым. Шхэгъуэм сыримыхьэлIамэ, си Iыхьэр къысхуегъанэри ехъумэ. Тхьэм игъэузыншэ. ФIы пщIауэ зэи кIуэдынукъым. Узэгуапэм ар IэфIу и гум къинэнущ, зылъагъухэми яIуэтэжу куэдрэ я гум илъынущ.
Сэ сыкъапщтэмэ сыпсэухукIэ Нэхунэ къысхуищIар сщыгъупщэнукъым. Тхьэм и хьэдрыхэ фIы ищI. Абы жэнэтыр псэупIэ зэрыхуэхъуам сэ шэч къытесхьэркъым. Нэхунэ хуэдэ цIыхухэращ Алыхьым жэнэтыр къыщIигъэщIар.
Пэжыр жысIэнщи, ЛъэужьрыкIуэ, нобэми ныжэбэми си нэгум щIэтщ си гъащIэм и нэхъыбэр щызгъэкIуа Нэхунэ тхьэмыщкIэм и пщIантIэр. ЖэщкIэ нэхъ мыхъуми сыдагъэсыну сщIамэ абы згъэзэжынт. Хэт ищIэрэ Жансурэти Iичрам гуэр къихьыжауэ къыщIэкIынщ. Ныбжьыр хэкIуэтэху гъащIэм узэреплъми зехъуэж. Си щхьэкIэ сыт къызищIами хузогъэгъу, си гум Iей хуилъкъым. Нэхуни къыджиIэрт: «Къывэуэу фыщимыукIакIэ къывэшхыдэ, къыфхуэхъущIэ, башкIэ, IэштIымкIэ къывэуэпа щхьэкIэ зыми хуэмыфащэ евмыпэс, и жагъуэ фымыщI, тэмакъкIыхьу фыщыт. Абы зэи фыхущIегъуэжынкъым».
– АтIэ, Мыщэ, уэ сэ слъагъум, дапхуэдиз илъэскIэ утемысами, мы фермэм уи гур щыбгъэтIылъынукъым, гупсысэми ухэкIынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ уи дзэ къытхуэмыщу гъэзэж а пщIантIэм. Уэри зэрыжыпIащи, хэт ищIэрэ, а цIыхубз хъерсызыр зыщIэгупсысагъэнкIи хъунщ. Ауэ мыри бжызоIэ: аргуэру а пщIантIэм убгынэн хуей хъумэ, нэгъуэщIыпIэ умыкIуэу мы фермэм къэгъэзэж. Сэ сымыпсэужми, тес хьэхэм укърагъэблэгъэжынщ. Уэ зыгуэрым уи жагъуэ къищIу мы Къарэ идэнкъым, дапщэщи къыпщхьэщыжынщ. Пэжкъэ?
– Абы шэч къытумыхьэ, Мыщэ, – жеIэ Къарэ.
Пшапэр зэхэуэрти, щхьэж жэщыр щигъакIуэ щIыпIэхэмкIэ хьэхэм яунэтI. Мыщи пыпхъуэ лъабжьэм щIогъуэлъхьэж. А жэщым нэхъ кIыхь игъащIэм имыгъэкIуауэ, и нэбдзыпи зытримылъхьауэ, нэху щыщынум Мыщэ поплъэ. ЩIэпIащIэр езыми къыгурыIуэжыркъым. Зэи игу къокI мыпхуэдэу: «Дэнэ сэ сыздэпIащIэр? СызыхуэпIащIэри хэт икIи сыт? СыздэкIуэжыну лъахэм пхъэбгъум къыхэщIыкIа хьэгъуэ щысхуагъэува, ерыскъы хэхакIэ сыщагъэшхэну фIэкIа пщIэнкъым. Жансурэт а лъахэм щызекIуэу щытмэ, сыдигъэхьэн дэнэ къыщына, ауэ жыжьэуи сыдигъэпэмэнкъым. Жьэ мыгъуэщ абы зэщIихыр. Зэхэзыхым и тхьэкIумэр щеубыдэ.
Догуэ сыщымыуэу пIэрэ? Щхьэ апхуэдэу си гум къэкIрэ? ЛъэужьрыкIуи зэрыжиIауэ, хэт ищIэрэ, Жансурэт къызэрысхущытам хущIегъуэжауэ и IэфракIэм едзэкъэжыну хунэмысми сщIэркъым. Сыт хуэдэу щымытми хьакIэкхъуэкIэкъым-цIыхущ. ЦIыхур Алыхьым къигъэщIащ, гупсысэну, фIыри Iейри зыхищIыкIыу, гущIэгъу ищIыфу, зылъэмыкIым, къулейсызым дэIэпыкъун хуейуэ. Жансурэти цIыхущ икIи цIыхубзщи нэхъ гу щабэу щытын хуейщ. И къуэ Мурат и къэшэгъуэ, ипхъу Маринэ и шэгъуэ хъуамэ, абыхэм я насып къэкIуэным Жансурэт и мылыгур ягъэвауэ щытын хуейщ. Ауэ ар фIэщ щIыгъуейщ. Сэ сызэрыхуейм хуэдэу къыщIезгъэдзыну аращ.
Нэхулъэ къищIу хуейжьащи, Мыщэ къызэфIотIысхьэ. ЗыщIэлъа пыпхъуэ лъабжьэм къыщIэтэджыкIауэ зеплъыхь. Псори-хьэхэри, ферм тес цIыхухэри, губгъуэрыс къуалэбзухэри хилъэфэжауэ мэжей, IэфIщ нэхущ жейр. Ар ещхьщ иужьу кърагъэблыжу къашыж шэтэгъуэблым. Мыщэ ежьауэ Iэщ псэуалъэхэр къызэхекIухь. А псоми сэлам ярихыж хуэдэщ.
Псом япэ къэушауэ, Мыщэ къыбгъэдохьэ Къарэ. ФIыуэ зэрылъэгъуащ а тIур. ЩызэрихьэлIа япэ махуэм щегъэжьауэ я акъыл зэтехуащ. Къарэ къохьэлъэкI Мыщэ пэIэщIэ зэрыхъум. Абы иужькIэ хэт и гурылъ щэхухэр зыхуиIуэтэнур. АбыкIэ ЛъэужьрыкIуэт и чэнджэщэгъури, ари жьы дыдэ хъуащи, жепIэр дахэ-дахэу къыгурыIуэжыркъым. Жьы хъуам и тхьэкIумэри жьажьэщ, и акъылри – жаныжкъым.
Хьэхэм я пщэдджыжьыщхэр зэфIэкIа иужь зэхуешэсри ЛъэужьрыкIуэ деж ешэ. Фермэм тесхэми абы гу лъатащ. Iэщым мэкъу езытми, бор къэзытхъуми, кхъуафэхэм псы дэзыкIэми, пщалъэхэр зытхьащIми зэпагъэуауэ хьэхэм ящIэм кIэлъоплъ.
ЛъэужьрыкIуэ Мыщэ зыбгъэдешэ. Адрейхэри а тIум хъурейуэ къотIысэкI. Я нэхъыжьым жиIэнум поплъэхэр. Дапхуэдизрэ емыжьэми, абы къыжьэдэкIынум пэплъэу, зыми зыри жимыIэу щысынухэщ. Нэхъ акъыл кIэщI гуэр къыхэпIэнкIыкIыу хуежьэми «зэтепIэт уи жьэр» жаIэу жьэдагуэжыну хьэзырхэщ. Я нэхъыжьым пщIэ, щIыхь хуащIу, абы жиIэр ягъэзащIэу есащ ахэр. Аращ зэгурыIуэу фермэм щIытесыфри.
ЛъэужьрыкIуэ зыкIэрагъэтIысхьа пыпхъуэ джабэм мащIэу зыкъыкIэрешыикIри, къэзытIысыхьа хьэхэм къахоплъэ.
– Нобэ, си лъэпкъэгъухэ, фыкъыщIызэхуезгъэшэсар мыращ: Мыщэ ди фермэм токIыж.
– Ар сыт щхьэкIэ? Хэт абы и жагъуэ зыщIар? – къызэроIэт хьэхэр, щыму лъэныкъуэкIэ щыс МаскIэ къищынэмыщIа.
– Уэрмырауэ пIэрэ ар!? – жьэхолъэ абы Пэрий. – Уэ апхуэдэ хьэл пхэлъщ. Мыщэ къыщытхуэкIуэжауэ щыта махуэм жумыIэпхъэ Iэджэ уи жьэм къыжьэдэкIауэ щытащ.
– Хьэуэ, сэракъым. Сэ зыри зыми жесIакъым, – тхьэ щеIуэж МаскIэ.
– Пэжщ абы жиIэр, зыми си жагъуэ къищIакъым. Сэр-сэру сегупсысащ апхуэдэу. Мы фермэм сыкъызэрыкIуэ лъандэрэ псори фIыуэ къысхущытщ. Тхьэр арэзы къыфхухъу. Фи жагъуэ фымыщI сызэрыфхэкIыжыр. Дапхуэдизрэ сэ мыбы сыщыIэми си гур зэрыщызмыгъэтIылъынур сэр-сэру къызгурыIуэжащ. Апхуэдэу зэрыжысIэр фи жагъуэ фымыщIыну сыныволъэIу. Уэри, зи щIыхьыр ин ЛъэужьрыкIуэ, сыткIи сыпхуэарэзыщ. Си щхьэр пхуэзгъэщхъыу щхьэхуэу уэ сынолъэIу сызэрыфхэкIыжымкIэ сумыгъэкъуэншэну. Сэ фIы дыдэу къызгурыIуащ мыбдежым къызэхуэса си лъэпкъэгъухэм уэ пщIэрэ щIыхь къыпхуащIыр зыхуэдизыр. Ар си нэкIэ сымылъэгъуамэ, си тхьэкIумэкIэ зэхэзмыхамэ си фIэщ хъунтэкъым лъэпкъым я нэхъыжьым апхуэдиз нэмысрэ пщIэрэ хуащIу.
Ар щыжысIэкIи сэ куэдыщэ слъэгъуркъым. Си нэгу щIэкIар Жансурэт Нэхунэ зыхигъэта бэлыхьырщ. Ар зы лъэпкъым, зы унагъуэм я нэхъыжь нанэ къудейтэкъым, атIэ псэ зыIут дэтхэнэм щхьэкIи гугъу зригъэхьыну, и хьэлу Iыхьэр тIу ирищIыкIыу и зэхуэдитIыр иритыну хьэзырт. Нанэ, жыпIэнурамэ, дыщэт. ИтIани ар къимылъытэу, бынжэ кIапэм къыпыкIа и бынитIым яхуиIэ лъагъуныгъэр къримыдзэу гу уэтэпс ищIауэ дунейм иригъэхыжащ. Ауэ абы и гущэбагъыу щытар, ищIа гущIэгъур пщIэншэу кIуэдакъым. Абы и ахърэтыр зэрынэхур сэ пщIыхьэпIэу си нэгу щIэкIащ. Алыхьыр къоплъэри плъапIэм итщ жи. Щыгъупщакъым ар абы.
– АтIэ, ЛъэужьрыкIуэ, Нэхунэ дунейм ехыжу сэ а пщIантIэм сыкъызэрыдэкIрэ зэманыфI блэкIащ. Абы лъандэрэ Жансурэти и ныбжьыр хэкIуэтащи, зыщIэгуасысыжауэ, къыткIэлъызэрихьа лейм хущIегъуэжауэ къысфIощIри, сыкIуэжынщ сыкъыщыхъуа пщIантIэжьым. Си гури си псэри а пщIантIэм щыIэщ. ЖэщкIи пщIыхьэпIэу солъагъу.
– Сэ къызгурыIуащ, Мыщэ, уи Iуэху зыIутыр, – жеIэ ЛъэужьрыкIуэ. Ар тIэкIурэ щыму щысщ. Нэрылъагъущ зэрыпсалъэ къудейр къызэрехьэлъэкIыр. БауэкIэщI хъуащ. Хьэхэр зэлъыIуокIуэт, зэрыбауэ жьыр зэрыхуримыкъур ялъагъури. «Фымыгузавэ, ар иджыпсту… Уэху мыгъуэ, си гур си жьэмкIэ къыжьэдэпкI фIэкIа сщIакъым. АтIэ, Мыщэ, къезгъэжьаращи, умыгузавэ, дэ псори дыпхуэарэзыщ. А Жансурэт жыхуэпIэр узэрыщыгугъым хуэдэу тхьэм къыпхущIигъэкI. КIуэж уи гум имыху а пщIантIэм. Ауэ мыри бжызоIэ: ди деж къэбгъэзэжын хуей хъумэ, зыкIи укъыхэмыскIыкIыну, къемызэгъуи къыумылъытэу уи анэжь и лъахэ мы фермэм къэгъэзэж. Сэ сымыпсэужми мис, тхьэм и шыкуркIэ Къарэ щыIэщ. Абы зыми уи жагъуэ къригъэщIынкъым.
– Сэри, Мыщэ, си гуапэу укъезгъэблэгъэжынщ, – бгъэдохьэ абы МаскIэ, и кIэр игъэкIэрахъуэу. – УкъыщытхуэкIуэжам щыгъуэ уи жагъуэ сщIауэ щытащи, къысхуэгъэгъу. Сэ абы сызэрыхущIегъуэжар пхужыIэнкъым.
– АтIэ, Мыщэ, гъуэгу махуэ, – жеIэ ЛъэужьрыкIуэ. Мыщэ абы бгъэдохьэри, сэлам ирихыжу, и щхьэр ЛъэужьрыкIуэ и бгъэм щехъуэ. ИтIанэ мыдрей хьэхэм я дежкIэ зыкъегъазэри яхоплъыхь. Япэ щIыкIэ Мыщэ хуэмурэ пхэкIэ йокIуэт. Къарэ япэ иту, адрейхэр кIэлъокIуатэ. Жэмышхэмрэ Iэхъуэхэмри, хьэхэм я зэхущытыкIэр зэхуагъэщIэгъуэжурэ, Мыщэ зэрырагъэжьэжым йоплъхэр. «Тобэ, тобэ, – жеIэ Iэщыхъуэхэм я нэхъыжьым, – хэт и гугъэнт хьэхэм я кум апхуэдиз лъагъуныгъэ дэлъу. Мы фермэм тесхэм щхьэкIэ «хьэщи хьэщ» – жытIэ фIэкIа нэгъуэщI зы фIыгъэ гуэри яхэлъу си ппщIыхьэпIэ къэкIынтэкъым. Алыхьым къигъэщIа дэтхэнэ зы псэущхьэми, дэ дымыщIэ щхьэкIэ, гущIэгъу гуэр хэлъу къыщIэкIынщ. Дэ, цIыхухэм, ар тлъагъуну дыхуейкъым.
Фермэм къытекIыжу гъуэгум щынэсыжым, Мыщэ аргуэру зэ хьэхэм я дежкIэ йоплъэкIыжри, гъуэгубгъум бгъурыту йожьэж.
МакIуэ Мыщэ, зэзэмызи хэущыкIыу. Зыкъомрэ кIуа иужь, къэувыIэрэ и хъуреягъкIэ зиплъыхьу. Машинэ е гу къыкIэлъыщIыхьэмэ, гъуэгум токIуэтри блегъэкI.
Мыщэ и щхьэр иужэгъуакъым. ГъащIэр къытехьэлъэ щхьэкIэ хуейщ псэуну. Псэ зыIут псори аращ зыхущIэкъур. Зыхуей игъуэту и гъащIэр зыгъакIуэм и гугъу умыщIыхи, я нэхъ гугъуехь ин дыдэр игъэву псэуми «сылIащэрэт» жиIэнукъым. Алыхьым и шыкуркIэ Мыщэ узыншэщ, и екIуэлIапIэкIэ, и псэупIэкIэ и Iуэху мыщIагъуэми, щогугъ Алыхьым телъ гугъуехьыр илъагъуу къыдэIэпыкъуну.
Абы теухуауэ Нэхунэ къыжриIауэ щытар Мыщэ и гум зы махуи ихуркъым. Гъуэгу здытетым и псалъэхэр и нэгум къыщIоувэж. «Сэ си гъащIэр здынэсынур Алыхьыращ зыщIэр. Ауэ «Псэ зиIэм уахътыи иIэщ» жыхуаIэр аращи, икIи си ныбжьыр хэкIуэтащи, сэ уи япэ сищынущ, Мыщэ. Си узыншагъэр щIагъуэжкъым, ерыскъыкIи сызыхуей сыхуэзэркъым. Махуэ псокIэ зы дзэкъэгъуэ си джий щемыха къысхуихуащ, сысымаджэу пIэм сыхэлъу. Псы щхьэкIэ сылIэу, ауэ сыкъэтэджу сефэну си къарум къимытIасэу жэщ дапщэ згъэкIуауэ пщIэрэ уэ, Мыщэ. Сэ къытезгъэзэжу бжесIэми, уэ а псори уи нэгу щIэкIащ. ИтIанэ сыгужьейуэ зэи сыкъэдзыхакъым, сылIэн къысфIэщIу сыкIий, сыгуоууэ хьэблэр къызэщIэсIэтакъым. ГугъапIэ нэхъыщхьэу сиIэрати, къыстепсыха гугъуехьыр сыкъэзыгъэщIауэ сызыгъэпсэу икIи сызыгъэлIэжыну Алыхьым дапщэщи си Iуэхур бгъэдэслъхьащ. Уи фIэщ зэрыхъун, Мыщэ, узыр къызэзытар уэращи сшэчынщ, уэ уи хьэзабыр си дежкIэ хьэлъэкъым зэрыжысIэу сыкъыхэзыгъэзыхь узыр, къэIэбэу скIэрихам хуэдэу, си Iэпкълъэпкъым хэкIырт. Уэри, Мыщэ, сэ дунейм сехыжу уи закъуэ укъанэ щхьэкIэ умыгужьей. Псэ зэпылъхьэпIэ уихуэми, уи нэм къыщхьэримыпхъуэу уи Iуэхур Алыхьым бгъэдэлъхьэ. ЕлъэIу къыбдэIэпыкъуну. Ауэ къыптепсыхэм укъелын щхьэкIэ уэри плъэкI къыумыгъанэ. «Хьэрычэт щIэи, берычэт хэслъхьэнщ» – жиIащ Алыхьым.
Нэхунэ къыхуигъэна а уэсятыр и гугъапIэу, Мыщэ и гъуэгум хегъэщI. Мэущ мыпIащIэурэ. КъыкIэрыхъыжьа гъудэхэм жьэкIэ якIэлъопхъуэ, и цым хэпщхьауэ къедзакъэхэр къэувыIэурэ зыщIотIысыкIри, и дзапэфIанэмкIэ хепIытIыхь.
Мыщэ гу лъитэркъым дунейм зэрибэвыгъуэм, и щхьэ илъажьэщи. Вагъуэу хъуар къехыу япытIысхьам хуэдэу, гъэгъа сэхураныщхьэхэм дунейр нэхъри ягъэнэху. УдаIуэмэ, зи тхъэжыгъуэ бжьэхэм я зэщIэвыуэ макъыр тхьэкIумэм къоIуэ. Зым къытелъэтыкIым адрейм тетIысхьэурэ я шырхэр зыхапIыкI сэхураныщхьэ сабэр зэрахьынум хуэдэу я лъакъуэхэм кIэрагъэзагъэ. Гъэгъа цIыкIухэм къраш фоупсыр я Iум щызэхуахьэс безынэхэм зэрыракIэнум хуэдэу. А псомкIи ирикъуахэм хьэлъэ-хьэлъэу заIэт. Зэхуахьэсар яунэщIу къэзыгъэзэжахэм сэхуран вагъуэхэм зытрагуашэ.
Апхуэдэурэ бжьэхэр щIымахуэм хуогъэтIылъэ, сэхуранри бэв мэхъу. Нартыхум къаутIыпща я щхьэц щылафэхэр дыгъэм полыд. Гъашэхэм къапихыура абыхэм къатощащэ бэв зыщIыну гъашэ сабэхэр. Ахэри гъащIэщ, цIыху гъащIэм пезыгъащэ природэм и тыгъэхэщ.
А псори Мыщэ дежкIэ сытым щыщ. Ар иджыпсту зэгупсысыр и щхьэр здихьыж пщIантIэжьырщ. ДэсыжIауэ пIэрэ абы? Хэт и хьэ хьэулей мыр? ДэкI мы пщIантIэм зыдумыгъэлъагъуу жаIэу къыдахужмэ – щэ.
Апхуэдэ Iэджэм йогупсыс Мыщэ. «Си Iуэхур Алыхьым бгъэдэслъхьащи, абы зэрыжиIэм хуэдэу хъунщ».
Мес, плъэмэ елъагъу, нэблэгъэжащ Мыщэ къыщыхъуа, щыпсэуа къуажэм. Зыхех хьэ банэ макъ. А дакъикъэм и гум къокIыж Нэхунэ и пщIантIэм щигъэкIуа и гъащIэм и IэфIыпIэхэр. Лъэхъэнэ хьэлэмэту екIуэкIащ ар Мыщэ дежкIэ. Уи лъахэ уисыжын нэхъ насып сыт щыIэ! Я лъахэр яхъумэжурэ зи псэр зыта цIыхухэм я бжыгъэр зыми къыхуэлъытэнукъым. Адыгэ лъапсэр къапщтэмэ, блэкIа лIэщIыгъуэхэм яхузэфIэкI къамыгъанэу ар зэхафыщIащ хамэщI къикIа хьэщхьэрыIуэ гущIэгъуншэ куэдым. ЦIыху минхэр сабийти, балигъти, лIыжьти, фызыжьти жамыIэу, былымым хуэдэу зэтраукIащ, я унэхэр, псэуалъэхэр ягъэсащ, жылэ – жылэкIэ лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуащ, урыс пащтыхьым и генералыжьхэу Ермоловыжьыр зи пашэхэм. Абыхэм я фочыпэмкIэ кIуэцIыуэурэ, мыжурэр кIуэцIаIуурэ лIэр лIэуэ, къанэр къанэу тенджыз Iуфэм ирахулIа адыгэхэм ящыщ куэдыр абдежым щылIащ, уз бзаджэр – емынэ узыр къахыхьэри. Абы къелахэм я псэр ирехьэжьэри тенджызым зэпрыкIащ, хэкIуадэр хэкIуадэу. Къэнахэр къэралхэм щызэбгырыкIащ. Ар щалъагъужынум пэплъэурэ дапхуэдиз мы дунеижьыр зыбгынар. Дыщэм ухэсми уи лъахэм хуэдэ зыри щыIэкъым. Абы уихъумэнущ, уигъэшхэнущ, ар зэи берычэтыншэ хъунукъым. Мыщи аращ и псэр и лъахэжьым щIихьыжыр. Абы щыпсэууэ лIэмэ насыпышхуэу къилъытэнущ. Зы жэщ – махуэм зэ фIэкIа ямыгъашхэми, дагъэхьэж закъуэмэ, жэнэтым ису къыщыхъунущ.
Ар абы щыдэсам и гъунэгъухэр Iейуэ къыхущытакъым. Иджыри абыхэм зэзэмызэ хьэлу Iыхьэ къыхуадзмэ къуэлIыкIынкъым. «Уи унэжь – пхъэжь мафIэ» ауэ сытми жаIакъым. Жансурэт – щэ? Ар игу къыщыкIыжкIэ, къощтэри, къызыщIоувыIыкI. ПщIантIэм щыдыхьэжкIэ, белми, гуахъуэми къыIэрыхьэр къриутIыпщыну къыфIощI. «Хьэуэ, хьэуэ, сэ сыщоуэ» – и гур егъэфI Мыщэ,– щытыжын хуейкъым иджы Жансурэт апхуэдэу. И ныбжьыр хэкIуэтащи, зыщIэгупсысыжауэ къыщIэкIынщ.
Абы и закъуэкъым. И пхъур, Маринэ и ныбжь нэсу унагъуэ ихьэу бын игъуэтамэ, и пхъурылъху цIыкIухэм нэхъ гущабэ ящIауэ къыщIэкIынщ. Унагъуэ Iэщхэм я къыдыхьэжыгъуэ зэманым нэблэгъат, Инал и хьэблэкIэ зэджэ Нэхунэ и къуажэм Мыщэ щынэсыжам. ТIысауэ мэгупсысэ. Иджыпсту зищтэрэ къуажэ уэрамым дыхьэмэ, унэхьэхэр къежэу къашхынкIэ хъунущ. Пшапэр зэхэуэмэ нэхъ тэмэму къыфIощI. ИтIанэ зыми гу къылъимытэу пщIантIэм зыщиплъыхьынущ. Хэт ищIэрэ занщIэу и щхьэр къыщIыдихыжын щилъагъункIэ хъунущ.