
Полная версия
Хынабдзэ

Мухадин Шибзухов
Хынабдзэ
Роман
Си адэмрэ анэмрэ пхъу гулъытэ яхуэзыщIа, дунейм тетыхукIэ абыхэм я псэр зыгъэтынша си щхьэгъусэ Зэйрэт фэеплъ хузощI.
Iыхьэ I
Нэхунэ зэрыгъуэлъыжу, КIущэ макIуэри и пIэ кIапэм хьэмбыIуу тотIысхьэ. И кIэ кIапэр игъэпIэжьажьэурэ зэм и бгъэм, зэми и лъэпхъуамбэхэм йобзей. Нэхунэ гъуэлъыжыху, КIущи зодэхащIэри щысщ. ИтIанэ, абы и нэр зытрипIауэ зэрилъагъуу, езыми и щхьэр и бгъэ щабэм щIэлъу хъурейуэ зешыхьри, Нэхунэрэ абырэ, зэпеуэ фIэкIа умыщIэну, пырхъыу мэжьейхэр.
КIущэ къэхъейркъым Нэхунэ къэушыху, зэзэмызэ зиукъуэдийурэ аргуэру Iурехыж. Ауэ нэху щыуэ Нэхунэ къыщытэджкIэ КIущи къызэфIоувэри, шабзэкъум хуэдэу, и бгыр къреш, и бзэгур мащIэу къригъэжурэ зеукъуэдий, мэхущхьэ. Нэхунэ дежкIэ плъэуэрэ мэпщIэури, «баргуэ» жиIэу пIэм къолъэ.
А тIур апхуэдизкIэ зэсащи, Нэхунэ унэм щIэкIми, къыщIыхьэжми, псыхьэ кIуэми, къэкIуэжми, къубгъан ирихьэжьэми, зэзэмызэ худэплъейрэ хэпщIэукIыу и ужьым иту къекIухь. ТIэкIу зигъэпсэхуну Нэхунэ етIысэхми, зимыIэжьэу КIущэ абы и куэщIым йотIысхьэри зигъэзыжу, и нэхэр иуфIыцIу, къигъэплъэжу, и пащIэхэр къигъэуврэ и лъакъуэмкIэ илъэщIу исщ.
КIущэщ Нэхунэ псэлъэгъуу иIэр. Ар пщIэухукIэ Нэхунэ къещIэ шхэнуми, псы ефэнуми, щIэкIынуми, зыдигъэджэгунуми. Жьыуэ щIедзэри, КIущэ пщIэуху къэс зыхуейр хуищIэу махуэр щигъакIуэр нэхъыбэщ.
Илъэс хыщIрэ пщIым щыщIигъуакIэ и нэри набгъэ хъункъэ-тIэ, итIани Iуэхуншэу щысыфыркъым. Абдж лъэныкъуэм фIэкIа зэрымылъыж и нэгъуджэр зыIуелъхьэри цы едж. Мис итIанэ Нэхунэ удэджэгунум къеблагъэ. И куэм ириубыдыл1эурэ цыкIуэкIыр щигъэкIэрахъуэкIэ КIущэ, лъакъуитIкIэ мэуври, и фIалъэ лъакъуэмкIэ цыкIуэкI кIэрахъуэм йопхъуэ. Иубыдыпэу кIэрэхъуэныр щызэпигъэу къохъу. АпщIэндэху Нэхунэ мэшхыдэ. КIущэ ар къридзэркъым. Абы ещIэ Нэхунэ и Iи и баши къызэрытемыхуэнур.
ЩыкIэрымыкIыххэм деж, Нэхунэ къыщечри:
– УкъыскIэрыхъыжьауэ щхьэ сумыгъэпсэурэ, на-а-а гущэ, – мэхъущIэ Нэхунэ. – ЩIымахуэр къоблагъэ. Цыр джын сыухыу Муратрэ Маринэрэ лъэпэд хуабэ яхуэсщIын хуейщ. Ар сымыухыу а си къуэрылъху цIыкIухэр къысхуэкIуэжмэ, си напэр текIакъэ. Къэзгъэгугъащи, и анэ и гурыфI къикIыу къыщишэнум пэплъэу щысу къыщIэкIынщ. Уэ ар къыбгурымыIуэу, КIущэ, укъыздэджэгуурэ сыбогъэгувэ. Щыгъэт иджыпсту! Армырамэ, уи нэкIур къыпхуесхулэкIынщ. Щыгъэт жысIакъэ! Ар КIущэ и тхьэкIумэм ихьэркъым. И джэгуныр къикIащи, ищIэр ищIэжыркъым.
– Жансурэт къэсыжым сыкъэпщIэнщ, – Нэхунэ щыжиIэкIэ, и джэгуныр занщIэу зэпегъэури, мэпщIэу, и пащIэхэр къегъэуври хьэ илъэгъуам хуэдэу зещI.
– УфIэфIкъым аракъэ, – цыр зэриджым хуэдэурэ жеIэ Нэхунэ. – Уимыгугъэ псори сэ схуэдэу къыпхущытыну. Сэ сыпсэуху уи дунейщи зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым. Псэлъэгъуу, жэщгъуэлъу сиIэр уэращ. Уэ къищынэмыщIа Алыхьым и ужькIэ хъумакIуэу сиIэр Мыщэщ. Хьэ сакъщ. ПщIантIэм бадзэ къыдэлъатэми къещIэ жыхуаIэм хуэдэщ. Ар мыхъумэ си закъуэ пщIантIэ нэщIым сыдэсыфынт, унэми сыщIэсыфынт?
– Мяу-у-у! – мэпщIэу КIущэ.
– А-а-а, къызгуроIуэ, Мыщэ сызэрыщытхъур уигу иримыхьу аращ. Умыгузавэ уэри нэхъыкIэу услъагъуркъым. Куэд къысхубощIэ: жэщгъуэлъ усхуохъу, псэлъэгъуу, тегъэупIэу сиIэр уэращ, си КIущэ цIыкIу, – толъэщIыхь Нэхунэ абы и щхьэм.
– Мяу-у-у! – мэпщIэу аргуэру КIущэ.
– Сыт ари уигу иримыхьу ара? Азалыхь ба пхуэзмыщIынумэ сымыщIэ узыхуейр. Догуэт, догуэт! Мис иджы къызгурыIуа си гугъэщ. Мурид и гугъу сыбгъэщIыну аращ. Пэжщ, ар си къуэщ. А зыращ си кIэтIий кIапэ къыпыкIауэ мы дунеишхуэм щызиIэр. СылIэмэ сыщIилъхьэжыну сызыщыгугъыр аращ.
АбыкIи аразы мыхъуу, КIущэ аргуэру нэхъ иныжу мэпщIэу.
– Иджыри узыхуейр сыт? Теурэзыр къыпхуэмыкIуэкIэ уэ, мыпсалъэ щхьэкIэ псори къыгуроIуэ. Уэ узыхуейр си щIалэр, Мурид зэзэмызэ фIэкIа къызэрымыкIуэжыр жызбгъэIэну аращ. Сыт мыгъуэ-тIэ абы ебгъэщIэнур. Къалэм дэсщ, махуэ къэс мэлажьэри хущIыхьэркъым. Уэр хуэдэу ар Iуэхуншэу щытамэ, нэхъ щIэх-щIэхыу къэкIуэжурэ сыкъилъагъунт.
АбыкIи арэзы зэрымыхъуам и щыхьэту, КIущэ аргуэру мэпщIэу.
– Тобэ ярэбий! Псоми зырызыххэу сатемыпсэлъыхьу си Iуэхущ уи жьэр бгъэувыIэмэ. СощIэ уэ иджыри узыхуейр, Жансурэт и гугъу сыбгъэщIыну аращ. АбыкIэ сэращ къуаншэр. Сигу къихьэху абыхэм сатепсэлъыхьурэ уесащи, зыгуэрым и гугъу сщIа иужь, зыри къэзмыгъанэу псоми я щхьэфэ симыIэбэу пшхыр уи дзажэ дыхьэркъым. Иджыри уувыIэнукъым Жансурэт щхьэкIэ тIэкIу сымыхъущIэу. ПцIы сыупсынкъым – абы и зэранкIэ куэдрэ къонэ си щIалэ закъуэр къэкIуэжыну. Къалэм къыдэIэпхъукIыжу къуажэм къигъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ щытащ, арщхьэкIэ а си нысэ Жансурэт хуидакъым. «Сыт а къуажэжьым Маринэрэ Муратрэ дебгъэщIыхьынур, щIэныгъэншэу, мыкхъэмывэу къэбгъэхъуну ара узыхуейр» – жиIэри си щIалэм пэгъуэлъащ. Быным уимыгъэщIэн щыIэ, къэдзыхащ си щIалэри. Си дежкIэ нэхъыфIтэкъэ, КIущэ, ахэр къызбгъэдэсу щытамэ. Зы мыхъуми ди унэм бахъэмэ къыщIихынт. Иджы уэрэ сэрэ сытым дыщыщ мыгъуэ. Уэ сыпхуэтхьэусыхэурэ си гур согъэтIысри, абы нэхъ гурыфIыгъуэ симыIэу сопсэу. Узижагъуэным иузакъуэ, дыщэм ухэсми IэфIкъым. БампIэ дэхыпIэу сиIэр лIыжьырати, и насып къыстекIуэри, си япэ хьэдрыхэ кIуэжащ. Сыхуэарэзыщ. Тхьэм ахърэт нэхур къритауэ къыщIигъэкI. Дыздэпсэуху зы махуи си жагъуэ къищIакъым. Абы къысхуигъэна гъэтIылъыгъэращ нобэр къыздэсым сызыкъуэсыр. СылIэми сызэрыщIалъхьэжын гъэтIылъыгъэ схуищIащ.
Ауэ, КIущэ, къызжиIакъым жумыIэж, а ахъшэ тIэкIур сызэриIэр нысэм къебгъэщIэнщи пхуэзгъэгъункъым. Ар абы и тхьэкIумэм къицырхъэмэ, сIэщIигъэкIыху увыIэнукъым. «Къэдлэжьыр тхурикъуркъым, псори къыдощэху, сабийхэм махуэ къэс витамин зыхэлъ ямышхыу хъунукъым» – жиIэу къэтIысынщи, плъэкIмэ йомыт. Сэри сабийхэм си гур яхупехри, къызат пенсэ тIэкIур ятызэгъэкIуадэ.
АбыкIи и гур загъэркъым Жансурэт. Си щIалэ закъуэм зэпымыууэ иреудэкI къивыкIыу къулейхэм зэращымыщыр. «Ину зывмыгъэпIийми гъэтIылъауэ ахъшэшхуэ, дыщэхэкI фикуэду цIыхухэм яIуатэрти аращ сытегушхуэу сыкъыщIыбдэкIуар, ахъумэ азалыхь си Iуэхутэмэ, уэ щхьэгъусэ усщIын дэнэ къэна, си гупэ пхуэзгъазэу зы псалъэ нэхъ мыхъуми зыхозгъэхтэмэ. ЗымыщIэ зыIуатэ цIыхум сагъэунэхъуащ. «ДэкIуэ, дэкIуэ ущIегъуэжынкъым. Уи насып къэкIуар зыIэщIумыгъэкIыу уи IэмыщIэм икъузэ». Апхуэдэ псалъэмакъ купщIэншэхэм мылым сытрагъэлъадэри зызгъэунэхъужащ. Иджы неIэмал, си IэфракIэм сызэремыдзэкъэжыфым хуэдэщ. Азалыхь, си сабиитIыращ здэсхьынур сымыщIэр ахъумэ, зы махуэ субгъэдэмысынт. Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуэщ щIыжаIар сэ схуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ. Емынэм сызэрихуэрт сэ. Сытым хуэдэ щIалэ къулей сэ блэзгъэкIар! Абы щыгъуэми къыстелIэу фIыуэ сыкъилъагъуу. Дэзгъуари зыщ – дахэтэкъыми фIыуэ схуэлъэгъуакъым. Абы щхьэкIи къэзгъэнэну къыщIэкIынтэкъым я унэ зэтетымрэ абы щIэлъ мылъкумрэ сыдахьэхати, арщхьэкIэ кIуэцIырыхун а Iэнэшам ефэрти, тIэкIу сыIэнкунри, уи жьэгу нэщIым сыкъихуащи емынэр си унэм ихьауэ сопсэу. Си Iэнэша кIуэдат сэ? Къулыкъушхуэ зиIэм щикъуэкIэ, пэший хъу унэ зэтет дахэшхуэм щыщIэскIэ, унэлъащIэу щIэлъыр щыимпортнэкIэ, ахъшэр цIэм хуэдэу къыщыкIуэцIылъэлъкIэ, хуейуэ щытмэ зэгуиудыху ирырефэт ар Iэнэша. Ей, бетэмал!». Мис апхуэдэу тхьэусыхэурэ дапщэрэ IэштIымкIэ и натIэм еуэжауэ къыпфIэщIрэ, КIущэ, а си нысэ Жансурэт. СымыукIытэжыххэу бжесIэнщи, КIущэ, си тхьэкIумитIкIэ зэхэсхыу нэгъуэщI зы хьэдэгъуэдахи Жансурэт жиIащ. А си щIалэ тхьэмыщкIэ, сыту пIэщхьагъ гугъусыгъу уэ Алыхьым къыпхуигъэфэщар.
И тхьэкIумэр тегъэхуауэ даIуэу щыс КIущэ мэпщIэу. «Плъагъуркъэ аргуэрыр, – мэхъущIэ Нэхунэ. – А псор къомыгъэкIуэкIыу уи тхьэкIумитIымкIэ зэхэпхар къызжеIэ жиIэу аращ. И щхьэр течауэ пхуэсIуэтэнщи, КIущэ, а си нысэм жиIар мыращ: «Уи къуи уи щхьи сыхуейкъым, си бынитIыр зыщIызгъунурэ сикIыжынущ. СыхулIэ сэ апхуэдэлI. Махуэ псом станокым бгъэдэтщи, пхъэIэщэм щIащIэу иривам хуэдэу, езэшауэ къокIуэж.
Шей стэчан зэрефэу зетIэщIыж пIэм хопщхьэжри нэху щыху пырхъыжу, улIами упсэуми укъимыщIэу, мэжей. Абы щыгъуэми си насыптэкъэ мы жылэлIым хуэдэу тумэн зытхух къыхэхъуауэ и жыпым илъу пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжтэмэ. Хьэуэ, хьэуэ, схуэшэчыжынукъым афIэкIа апхуэдэ псэукIэр. СикIыжынущ. Сыхуей хъумэ, абы нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу сэ лIы къэзгъуэтыжынщ. Азалыхь сызыпхъуэтэну щыIэм щIэи гъуни ямыIэ. ИгъащIэкIэ лIыншэу сыпсэумэ нэхъыфIщ а уи къуэ хьэрычэтыншэм сыбгъэдэс нэхърэ. Мес, Марусэ а уи къуэм хуэдэ зыгуэрым дэкIуэри, илъэс иримыкъу хуэшэчауэ аращ. Иджы, къикIыжауэ, и закъуэми тхъур IупэкIэ изу мэпсэу. Азалыхь абы зы жэщым и столым ахъшэу къыхутранэр уи къуэ гъэфIам илъэс ныкъуэкIэ къыхуэмылэжьыну. Абы и закъуэ: зым иджы сом мин бжыгъэкIэ ящэжым хуэдэ бостей, адрейм ламэ пщампIэ телъу бэлъто, ещанэм француз дыху лъапIэм хуэдэ къыхуехь. А къомым щыщу нэхъ къэзыгъэщIэрэщIэжынухэр къегъанэри, адрейхэр уаситI – щыкIэ ещэж. Езыр «по последней моде» жыхуаIэм хуэдэу, ахъшэр «налевэ-направэ» зырепхъэкI. Сэ сэлъытауэ ар миллионершэщ. Зы махуэ гуэрым бэзэрым сыкIуауэ сыхуэзати, сызэрыукIытам щIэи гъуни иIэкъым. Нэхъ пуду помидор чилитI къезгъэшэчауэ и уасэу ест сомитI зэхэупIышкIуар щилъагъум, иIыгъ импортнэ фэ бохъшэшхуэр «т1аркъэщ» жиIэу зытрегъэпкIри щIэрыпсу тумэнитху зэк1эрыт къысхуеший: «Мэ, тхьэмыщкIэжь мыгъуэ, узыхуей нэхъ щIэщыгъуэ ерыскъы, къырищэху, нэгъуэщI мыхъуми къемэтмахуэм згъуэтыжынщ». Помидор къызэзыщэри, абы и псалъэмакъыр зэхэзыха адрей цIыхухэри я жьэр Iурыхуауэ къызэплъырт, мыр зы тхьэмыщкIэ гуэру къыщIэкIынщ жыхуаIэу. Хьэуэ, апхуэдэ псэукIэр адэкIэ схуэшэчыжынукъым».
– Зэт, КIущэ, лъэ макъ зэхызох зыгуэр къакIуэ си гугъэщ. Азалыхь, Жансурэтым. Уэ бжесIахэм щыщ гуэр абы зыхихауэ къыщIэкIмэ, КIущэ, уэри сэри мы дунеижьым дытрихужынщ.
Нэхунэ пIэм къоувэхри щIокI. Ар къызэрытэджыкIа пIэ Iумыхым КIущэ долъейри зеущэху. КIэлындорым тес Мыщэ пщIоууэ щIопхъуэ. Жансурэт япэу къыIэрыхьа Нэхунэ и башыр ириутIыпщауэ арат. Шэрунхэ я пщIантIэм Нэхунэ къыщыдаша махуэм абы и цIэкIэ хасауэ щыта кхъужьей жыгым и къуагъым Мыщэ къыкъуэплъу къотIысхьэ. Жансурэт кIуэжыху ар бжэIупэм къыIухьэнукъым. Шхын щхьэкIэ лIэми зигъэлIэнущ. Жансурэт и удын къытехуэ нэхърэ мэжьалIэми нэхъ къещтэ. Ар мызэу абы игъэунэхуащ.
Жансурэт унэм щIохьэри зеплъыхь. ЗанщIэу къызэщIоплъэри и нэщхъыр зэхеукIэ икIи и псэфылъэм щызытрихьа къомыр къыжьэдэхуу мэкIий:
– Мы сэ сыкъызрихьэлIэжа гуэрым феплъыт! Зыхэлъ пIэ къудейр Iуимыхыу сэ сыкъыщыкIуэжынум пигъаплъэу щигъэлъащ. Догуэ, мыри цыр къыхэлъэлъу мы уи пIэм йомыгъэсыну дапщэрэ бжесIа! – жьэхолъэ ар Нэхунэ. Джэдур къепхъуатэри, бжэм щхьэкIэ ириудэкIыу, хыфIедзэ. – Уэри, джэдури, хьэри къуэри фи гъусэу фызужэгъуащ. Узыхуейр арауэ, щытмэ бжэгъу упэпцIауэ си нэм фыкъыщIоуэ. СлъэкIауэ щытамэ, псори фызэгъусэу щIыкъатиблкIэ фезгъэжэхынт. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр. Къалэмрэ къуажэмрэ я кум ситу си щIалэгъуэр согъакIуэ. Схуэмыхьыжыпэр уэ фызыжьыращ. «Си щхьэгъусэр зыдаха пщIантIэр сыбгынэфынукъым» – жыпIэри кIуэцIрыхун мы щIапIэжьым зыкъибнауэ хьэкунанэм хуэдэу уисщ. Сэ адэкIэ зыздз, мыдэкIэ зыздзу етIысэхыпIэ сымыгъуэту си гъащIэр сохь.
Жансурэт и тхьэусыхэныр зэпигъэуауэ, плIэнэпэм дэт стIолым йоплъ. Нэхуни абы гу лъитауэ, нэхъри зызэхуешэ.
– Сыгукъыдэмыжти, схуэтхьэщIыжакъым, – жеIэ Нэхунэ.
– ЦIыху дэнэ къыщына, хьэ губзыгъэ тешхыкIынкъым мы уи стIолым. Илъа мырамысэр зыкIэрыгъуа тепщэчыр къещтэри, щыкъын-щыкъыну щащэу, и тхьэ къызэрихькIэ лъэгум иредзэ.
– Ан-на гущэ. лIыжьым и фэеплъу зесхьэ тепщэч закъуэр щхьэ пкъута! Блэ зэраукIа башу укъэкIуэжай нобэ. Сыкъэмытэджыфауэ, дыгъуасэ лъандэрэ пIэм сыхэлъщ.
– КIэнишнэ ухэлъын уэ пIэм. Гугъу зебгъэхьыну ухуейкъыми аращ. Азалыхь, сэри сыхэмылътэмэ сыкъэмыхъейуэ. АпхуэдизкIэ гу гъэтIылъа уиIэщ ахъумэ, Iэ упыту мыпхуэдэ унэ ущIэсынтэкъым. ДэнэкIи сабэр къощэщэх. АпхуэдизкIэ фIейщ уи тепIэнщIэлъынри, ухэлъын дэнэ къэна, утетIысхьэну гур хуэкIуэркъым.
– СхулъэкIыжыркъым, сысымаджэщ, Жансурэт.
– Уэ уи ныбжь сынэса иужь, уэ пхуэдэу сысымаджэну фIэкIа сыхуейкъым. Азалыхь, сысымаджэщ жыпIэурэ щIыкъатиблкIэ ежэхын мы пщIантIэжьым удэсурэ уэ сэ сумыгъалIэмэ. Уигу иримыхьын гуэр къызэрыбжаIэу «Iыхь мыгъуэ» – жыпIэу пIэм ухогъуэлъхьэжри тхьэмахуэ енкIэ ухэлъщ. АфIэкIа усхузехьэжынукъым, къыбгурыIуэрэ уэ ар, усхузехьэжынукъым!
– Тхьэмахуэм зэ укъокIуэжри, ар къохьэлъэкIмэ, зэи мы пщIантIэм укъыдэмыхьэжу къалэм дэс. Сэри Алыхьым жыхуиIам сыхуэзэнщ.
– Уэ а Алыхь жыхуэпIэм укъызэриужэгъурэ куэд зэрыщIар къыбгурымыIуауэ ара иджыри, фызыжь.
– Ан-на гущэ, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын апхуэдэ псалъэхэр щхьэ бутIыпщрэ? Сэ иджыри псэ сIуту дунейм сытетщ. Азалыхьу тэгъэлам сэ къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ. Къыщысам и деж сэ абы зы дакъикъи лейуэ мы дунейм сытригъэтынукъым. Абы и унафэм дэ зыри дыщIэкIыфынукъым.
– Дауи, уи дежкIэ нэхъыфIщ лэжьапIэм сыщымыкIуэ махуэ закъуэм си унагъуэр зэздзэкIыу уи деж сыкъэкIуэжу тхьэмахуэ енкIэ зэхэптхъуа къомыр зэхэсхыжыныр. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр – И хъущIэныр зэпимыгъэууэ, Нэхунэ зыщIэс пэшыр зэлъыIуихыу щIедзэ.
«Мяу-у-у!» -дамэдазэ хъуа бжэм и щхьэр къыдигъэжауэ КIущэ мэпщIэу.
– Мяу мыгъуэр уэзгъэщIынщ, – жиIэурэ Жансурэт япэ и нэр зытехуа бэлагъыр къепхъуатэри джэдум иреутIыпщ. «Баргъэщ» жиIэу ар бжэм щытехуэкIэ тIэкIу щхьэукъуа Нэхунэ къызэщоури, бжэмкIэ плъэуэрэ жеIэ:
– Хэт ар? Къыщ1ыхьэ.
– Хэт уи гугъэрэ уи деж къэкIуэнур! Уэ зыгуэр къыпхуеиж уи гугъэм укъопцIэ. ЩIыкъатиблкIэ щIыхьэн джэдуращ уэ къыпхуейуэ мы дунеижьым тетыр. Уи пIэ лъапэм темыкIыу ебгъэсащи унэм щIэкIынукъым. Хьэ, джэду жыпIэмэ, уи нэхур щащ. ИкIэщIыпIэкIэ уакIэлъыкIуэж абыхэм узыхуейр арамэ.
Хьэми бжэм къепIэстхъыу щIедзэ, зэзэмызи хопщIэукI.
– Уэри сыт узыхуейр, щIым щIыхьэн! – мэкIий Жансурэт. И Iухи и еуи зыуэ бжэм и пхъэрыгъажэр хьэм иреутIыпщ. И лъакъуэм трегъахуэри пщIэууэ хадэм йолъадэ.
– Ан-на гущэ, сэри сэщ, а зи бзэ мыпсалъэхэм щхьэ апхуэдизу уахуэгын. Ахэр сэ щхьэкIэ гузавэу аращ. Сызэрысымаджэр ящIэри, къызбгъэдэсыну хуейхэщ. МэжэлIауи къыщIэкIынущ. КхъыIэ, Жансурэт, къомыхьэлъэкIынумэ, тIэкIу гъашхэ ахэр. Тхьэмахуэ кIуам къэпхьа курпIэ тIэкIур мо шкафым дэлъщи хъудырыпс яхуэгъави ет, псапэ хъунщ.
– Азалыхь, къысхуэбгъуэтам псапэ къызэрысхьын. Ахэр сымыгъэшхауэ уэ усхуэгъэшхащэрэт. Аращ езыр мывэ зэпыхыну къысщыхъур. Азалыхь, псапэ хъухэну щытмэ, ирикъуным уэ сэ пхуэсщIэр. Си щхьэ, си бын, силI жызмыIэу псори зызодзэкIри тхьэмахуэ къэс уи деж сыкъокIуэж. Псапэ къэхьыпIэу уи гугъэкъэ ар. Псапэ, псапэ. Уэст щыIэкъым сэ абы щхьэкIэ. Азалыхь, псапэкIэ псори зэфIэкIыу щытамэ, фIы гуэр цIыхум къеуалIэтэмэ, сызыхуей псори къызэгъэтIылъэкIауэ сыщыстэмэ сэ иджы.
– АтIэ псори апхуэдэу къыщохьэлъэкIкIэ зыми ухэмыту зыгъэпсэху, – жеIэ Нэхунэ къыхудэшей къудейуэ.
– Зыгъэпсэху, зыгъэпсэху! СиIэ сэ сытми апхуэдэ насып. Зэпыту укIуэ псори, къыщиудауэ магъ Жансурэт. – УхэлIыхьауэ щытмэ, дяпэкIэ лъэмбытI къэсчынкъым мы къуажэжьым. «Къуажэ, си адэжь и щIапIэ», – аращ а уи къуэ гъэфIами и бзэгум пымыкIыр. Абы хуэзгъэувынущ мыпхуэдэу: е уи анэмрэ уи къуажэмрэ, е сэрэ уи бынитIымрэ – хэди узыхуейр къыхэх, афIэкIа схуэшэчыжынукъым къалэмрэ къуажэмрэ я кум итыныр.
– Апхуэдэу жумыIэ, Жансурэт. Гупсысэ хыумыдзэ аргуэру а си щIалэ закъуэр, иджыри тIэкIурэ зыхуэгъэшэчыж, сэ схьыжын щыIэкъым, Алыхьри бегъымбарри узогъэлъэIу.
– Куэд щIащ сэ ар зэрызэхэсхрэ, зы илъэскъым икIи ил1эсит1къым абы лъандэрэ екIуэкIар. «Сэ схьыжын щыIэкъым» – жыпIэурэ азалыхь си нервхэр зэхэпфыщIауэ си тэмакъым зы бжьизи щIэмыхуэж.
– Ан-на, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ жумыIэ. Сыт сыбгъэщIэнур атIэ, си IэкIэ си псэр схухэхыжыркъым, ахъумэ зы махуэ сыпсэуну сыхуейтэкъым. СылIэмэ, фэри фи лъакъуэм банэ хэхужынти, тыншу фыпсэунт.
– Азалыхьу ди тхьэу тхьэшхуэм а си натIэм тыншыгъуэ къритхауэ къыщIэкIынтэкъым. Гугъу уехьу ебгъэжьакъэ, улIэжыху апхуэдэу епхьэкIынущ. Сэри арауэ къыщIэкIынщ сызыIуува IэнатIэр.
ПщIантIэмкIэ хьэ банэ макъ къоIу. Нэхунэ и щхьэр къеIэтри, щхьэгъубжэмкIэ доплъ. ИтIанэ Жансурэт дежкIэ и щхьэр къегъазэри, къызжьэхэмылъащэрэт жыхуиIэу, зэхэпх къудейуэ жеIэ:
– ЩIалэр къэсыжауэ къыщIэкIынщ, щIэкIи плъэт.
– КъэкIуэжамэ, куэду фIыщ, зикI зыщIыпIи кIуэнкъым а уи напщIэм телъ щIалэ гъэфIар.
– Абы хуэдэ мыгъуэ гъэфIа жыхуаIэр сытми, – щхьэц зэхэзэрыхьар и Iэ ижьымкIэ ирилъэщIэхыурэ къызэфIэт1ысхьауэ жеIэ Нэхунэ. – Ар гъэфIэну щыщытар щищIалэгъуэрщ. ПщIантIэм дэкIамэ, къыдыхьэжыхукIэ пэплъэрт и адэ тхьэмыщкIэр. И акъылкIи, и щIэныгъэкIи, и цIыхугъэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи псоми ятекIуэу щигъэтынут ар абы. Езы щIалэри апхуэдэу къэхъуащ. Ар институтым щыщIэсам и гурыхуагъыр яхуэIуэтэщIыртэкъым. Зыри къытемыкIуэу еджащ. Къиуха иужькIи а институт дыдэм къагъэнэжауэ щылажьэрт. Мис а дисертацэ жыхуаIэми яужь ихьауэ жэщ, махуэ имыIэу елэжьырт. Сэращ псори зи лажьэр, сэра! Абы и насып къэкIуэнур си IэкIэ зэпызудыжащ. «Зэран ухуэмыхъу мы щIалэм, хущIыхьэнщ абы фыз къишэну» – къызжиIэрт и адэм, арщхьэкIэ си унэхъугъуэти си тхьэкIумэм ихьакъым. «Сэ жьы сыхъуащ, икIи сысымаджэрилэщ, сымылIэ щIыкIэ къаши сыгъэлъагъу, – жысIэу зесхуэурэ сымыгъэпсэууэ фыз къезгъашэри и насыпыр си IэкIэ зэпызудащ. Фыз яIэу еджэхэр гъунэжти, сэри аращ абы сыщIытегушхуар, арщхьэкIэ…
– Догуэ «арщхьэкIэ» жыхуэпIэр сыт! – Нэхунэ и псалъэр Iэпеуд Жансурэт
ИкIи мырамысэ щIыныр зэпегъэури, бахъэр къыпихуу бэлагъыр зэриIыгъым хуэдэу зыкъегъазэри макъ хэIэтыкIакIэ жеIэ: «Уи къуэм и щхьэр лажьэу щытамэ, жылэлIым ещхьу икIи еджэнт икIи и унагъуэри зыхуей хуигъэзэнт. Иджы тIуми щымыщу емынэр и унэм ихьауэ мэпсэу, дэри дегъэпсэу. Диссертацэм елэжьыжыркъым. Хъунт, абыи сыдэкIуэтэнт и мазэ улахуэр мылIэIусу щымытамэ. Авансымрэ получкэмрэ тхузэпымыгъэувэу допсэу. Мы жылэм яшх ерыскъы лъапIэхэм хуэдэ мазэм зэ щызыIудмыгъэхуэфыр нэхъыбэщ. Унасыпыншэмэ, махъшэм утесми хьэ къодзакъэ жыхуаIэр аращ. Мис мыбы, – IэштIымкIэ йоуэ Жансурэт и натIэм, – Алыхьым къритхауэ щытамэ, иджырей гъащIэм хуэщIа, абы зи Iыхьэ къыхэзыхыф лIым си насып хилъхьэнт».
– АбыкIэ къуаншэр уэращ, Жансурэт, уэра! Къэблэжьыр мащIэщ, жыпIэурэ дапщэрэ ебундэкIа а щIалэ тхьэмыщкIэм. «Зэ умыпIащIэ, си диссертацэр пхызгъэкIмэ, си улахуэр нэхъыбэ хъунущ, нэгъуэщI мыхъуми зы илъэскIэ зыхуэгъэшэчыж», – дапщэрэ къыбжиIа, арщхьэкIэ зыри уи тхьэк!умэм ибгъэхьакъым. И щхьэр ебгъэужэгъури институтым къыIупшыжащ, лэжьапIэ ищIынумкIэ умыгъэчэнджащэу икIи умыгъэгупсысу, шабашкэ уиIэнущ, жыпIэри, адэкIи мыдэкIи умыгъаплъэу, ухуакIуэхэм яхэбгъэхьащ.
– АтIэ, жысIамэ, пцIы супса! – Нэхъ Iеижу къолыб Жансурэт.
Узыхуейрауэ щытмэ, зы махуэ унэу дыдэунат къыпебгъэх а лэжьапIэм. Ар абы мыкIуауэ щытамэ ди фэтэр кIуэцIыр жыгей пхъэбгъурэ кафель щхъуэкIэплъыкIэкIэ къитщIыкIыфыну уи гугъэрэт сытми. Ди деж щащIауэ унэлъащIэу диIа псори импортнэкIэ зэтхъуэкIатэкъэ.
– Уи бохъшэри тумэн тхурытхукIэ кудат.
– Кудат, тхьэ, куда. Сом бжыгъэр къэслъытэжыртэкъым.
– Ари къомэщIэкI хъуатэкъэ?
– Схурикъуртэкъым. Дауи къызэмымэщIэкIынрэт. Зыр щIэкIым адрейр къыщIыхьэу фи Iыхьлыхэр къакIуэрт. ИгъащIэм фи деж къыщемытIысэхахэми дыкъагъуэтыжауэ къызэкIэлъыкIуэхэрт. Зыгуэр щыпхузэфIэкIым, пшхын-пщIэн ущиIэм деж псоми укъагъуэтыж. Абыхэм хьэщIагъэ ехын, зыгуэрхэри я сумкIэм яхуилъхьэн хуейтэкъэ? Иджы бгъашхэ къудейкIи зэфIэкIрэ сытми.
Фадэ лъапIэ йомыгъафэмэ, IупщIэ къыпхуащIу ежьэжынущ. Псори бэзэрым къыщыпщэхукIэ ахъшэ мащ!э ихьу къыпфIэщIрэ абы. Уэ мы къуажэм удэсщи мырамысэ бэлагъыщхьэрэ гъэш тIэкIурэкIэ узэфIокI, къалэм абыкIэ зы сабий нэхъ мыхъуми пхуэгъэтэджыжынукъым, ауанышхуи укъащIынущ. Сэ схъумэр си напэм и закъуэкъым, атIэ уи къуэм и напэри сохъумэ. НэгъуэщIым и гугъу умыщIыххи, мы къуажэм дыкъэкIуэжыхукIэ я нэхъ мащIэрамэ сом щищым щIигъу бэзэрым къытыдонэ.
– А уэ къыубжэкI къомыр зыми щыщыжкъым иджы. Псори зытепщIыхьыр уи IутIыжу упсэуну арат.
– АтIэ сыпсэуртэкъэ?
– Апхуэдэу ебгъэжьат, арщхьэкIэ мэхь-мэхь! Дэнэ щыIэ иджы и уасэм хуэдэу тIу е щы ептурэ къэпщэхуауэ щыта уи импорт гарнитурхэр, уи къэуц шхыIэнхэмрэ щхьэнтэхэмрэ.
– Дэнэ щыIэ жыпIа? ЗыдэщыIэращи, къызыхэкIам хыхьэжащ. Уи къуэм щхьэ фIэмытмэ хэт ар зи лажьэр. СыхулIэ апхуэдэ щIэныгъэ ищхьэ. Классищ фIэкIа къэзымыуха Шухьиб и унагъуэр дэ нэхърэ пщIыкIэ нэхъыфIу мэпсэу. Къещэху ещэж, абы и лъакъуэр здынимыхуса къалэ мы ди къэралышхуэм къыщыгъуэтыгъуейщ. Хамэ щIыпIэхэми мызэ-мытIэу кIуащ. Фейдэуэ зы сом нэхъ мыхъуми къыхуищIыну ищIэмэ щхьэхынукъым, сыукIытэжыхэнкъыми цIыхубз дуфач нэгъунэ къещэху.
– Шухьиб сытри и щхьэм ирипэс щхьэкIэ, си къуэм и напэр апхуэдэкIэ трихыжынукъым. Си къуэр интеллигент щIалэщ.
– Еплъыт абы жиIэм! Сыт мыгъуэр хэпщIыкIрэ уэ интеллигент жыхуаIэм? Сы интеллигент жыпIэу плащ техъукIарэ туфлъэ лъэдакъэ Iушэрэ пщыгъыу къэпкIухь нэхърэ уи ныбэр дубленкэм къыдэхуу уэ пхуэдэхэм уахэтмэ куэдкIэ нэхъыфIщ. Мис апхуэдэущ зэрыгупсысэр а уэ хьэм ебгъэхь Шухьиб. Зы фыз иIэщи, зы махуэм щыгъар етIуанэ махуэм щитIэгъэжыркъым. Адрей и щыгъынхэм я гугъу сщIынкъыми, махуэ къэс лэжьакIуэ зэрыкIуэ бэлътом пщампIэу телъыр мех нэхъ лъапIэ дыдэ ламэщ. Шухьиб хуэдэм ауан сыкъищIу зы махуэ сыпсэуну сыхуейкъым. Моууэ жылэ цIыхум ещхьу дыпсэуну щIэддза къудейуэ къыттепсыхэжащ. Щхьэ зыфIэмыт лIы уиIэмэ аращ къыпщыщIынур.
Ар Нэхунэ хуэмышэчу, и IитIыр зыщIигъакъуэурэ къызыфIотIысхьэри, абыкIэ и къуэр зэрымыкъуаншэр Жансурэт гуригъэIуэну хэтщ.
– «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэ, Жансурэт, псомкIи си къуэр умыгъэкъуаншэ. Уэри тIэкIу узыщIэгупсысыж хъунущ.
Къилэжьри къихьри уфIэмащIэу, мыр дгъуэтыркъым, мор диIэкъым, мыбы дыхуейщ мобы дыхуейщ жыпIэурэ имыщIэн ебгъащIэри зэвгъэпэща мылъку тIэкIур абы текIуэдэжащ.
– Догуэ, фызыжь, уи къуэр къызэрина сом минищэр сэ скIуэцIыкIуэдауэ жыпIэну ара иджы узыхэтыр! ЛэжьэкIэ, зэгъэкIуэкIыкIэ жыхуаIэм хъырц хищIыкIыртэкъым, ныджэм къытена бдзэжьейм хуэдэу, ишха тIэкIур сэтей къэхъуащ. Сыт хуэдэу щымытми сыдопсэу, бын хуэзгъуэтащ жысIэри унэлъащIэ тIэкIур тщэжри къэрал ахъшэр дыпшыныжащ. КъыбгурыIуа иджы, Алыхьым щIым щIигъэлъэдэн фызыжь. Уэращ псори зи лажьэр. Ди щхьэм дыхуиту нобэр къыздэсым зы махуи дыпсэуакъым. Уоу, азалыхь, – и IитIыр иIэтауэ унащхьэмкIэ доплъей Жансурэт, – уэ ущыIэр пэжу щытмэ, си щхьэр пхуэзгъэтIылъауэ щIым натIэкIэ сейуэу сынолъэIу мы фызыжьыр икIэщIыпIэкIэ и щIы щIагъ лэгъунэм пшэжыну. Зы жэщ-махуэм зэ фIэкIа ущымышхэр нэхъыбэу уи гъащIэр ибохьэкI, итIани зы мэскъалкIэ зумыхъуэжауэ узэпсыжу уопсэу. Уи щIалэгъуэм щыхь куцIрэ фо цIынэкIэ уагъэшхами ярейт уэ.
– Ей, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ къыбжьэдокI уэ нобэ, ауэ си ныбжь унэсрэ нысэ уиIэ хъумэ уигу сыкъэгъэкIыж. Мис абы щыгъуэ псори къыбгурыIуэжынщи…
– Си ныбжь унэсмэ жыпIа? Сэ абы сызэрынэмысынур уэ, езым, фIы дыдэу уощIэ. Уи къуэ псэукIэмыщIэмрэ уэ нэуэжьымрэ фшхащ си нервыр. Къэнэжа тIэкIури уэ укъыстрилъхьауэ зыхыбофыщIэ. Фызыхуейр сыт зо?! ТIэкIу щхьэ фыскIэрымыкIрэ! – Имакъым къызэрихькIэ мэкIий Жансурэт, итхьэщIу иIыгъ тепщэчыр еIэтри «баргъэщ» – жиIэу унэ лъэгум иредзэ. ЗыщIотIысыкIри и нэпсхэр топым хуэдэу къещэщэхыу, магъ.
– Сыту сынасыпыншэт сэ. Сыт мыгъуэр уэсщIат, азалыхь, мыпхуэдиз бэлыхьыр къыстеплъхьэну.
Нэхунэ и лъакъуитIыр пIэм къыщIимыхыу, бумазей бостейр къехьэлъэкIыпэурэ и плIэм ирелъхьэри, шхыIэныр тригъэкIуэтым и бостеукIэри иригъэкIуэтэхыурэ щетIагъэри пIэм къоувэх. Жансурэт, и гъыныр зэпигъэуауэ, и нэпсхэр зэпилъэщIыхьыжурэ, Нэхунэ ищ1энум йоплъ. «Сунэхъужакъэ иджы мы фызыжьым зыгуэр зырищIэжмэ» -игукIэ жеIэ Жансурэт. БжэмкIэ кIуэ хъумэ щIымыгъэкIыну зигъэхьэзырауэ, Нэхунэ жреIэ:
– Мыр сыт мамэ, щхьэ укъэтэджа? Нобэ щIыIэбжьщи, ущIэмыкIмэ нэхъыфIщ, гъуэлъыжи хэлъ. УзыхуейIамэ сэ къыпхуэсхьынщ.
Уи къуэм хущхъуэ къыздихьыну жиIащи, къэсыжмэ уефэнщи, нэхъыфI ухъумэ, итIанэ укъэтэджынщ.
Абы Нэхунэ ней-нейуэ еплъа мыхъумэ, къыжриIам зыри пидзыжакъым. ГъуэлъыпIэм кIэрыт башыр къиштауэ зыщIигъакъуэурэ бжэмкIэ макIуэ.
– Мамэ, ущIэмыкI жысIакъэ! Нобэ щIыIэбжьщ икIи къопсэпсауэ, пхуэшэчынкъым. Уи къуэр ныжэбэ ещанэ сменэу лэжьащи мыгувэу къэсыжыну къыщIэкIынщ.
Нэхунэ къыгуроIуэ и нысэм жиIэ псори гум къыбгъэдэмыкI Iупэпсалъэу зэрыщытыр. Ауэ абы щхьэкIэ жиIэIамэ арыншами иужэгъуа псалъэмакъ гуэрыр къэхъеинурэ и жьэ къихь къимыгъанэу къытритхъуэнущи зешыIэ.
Башыр зыщIигъакъуэурэ Нэхунэ унэм щIэкIауэ кIэлындорым тет къубгъаныр къещтэ. Гужьеяуэ абы кIэлъыплъ Жансурэт ар щилъагъукIэ «ЗэпытрыкIуэр къыпхукIуи, къубгъан ирихьэжьэну аращ» – жеIэри къэпIейтея и гур мамыр мэхъуж. Тридзэу цIыкIу-цIыкIуу щэща тепщэчышхуэм и къутахуэхэр къыздищыпыжым и щхьэ хуопсэлъэж: «ЗызыфIэплъэжми си щхьэц налъэ хэхуауэ къысщыхъункъым тхьэ, уи къуэжь цIыкIум къысхуигъэгъунукъым ахъумэ. Зы лъэмыкIми адакъэм хуэдэу зыкъуидзынурэ лъыр къожэхыу узэхифыщIэнущ. Мы щIыфIыцIэжьым щIэлъэдэн и анэжьым щхьэкIэ сапсауэ уиукIынкIэ зэфIэнэнукъым. «Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жыхуаIэм хуэдэщ. Сэри а адакъэ лъэджажэм жагъуэу сыкъилъагъуркъым ахъумэ, и анэм и фэм исхым щхьэкIэ си пхэм къыщIэуэу сызэрырихужрэ куэд щIат. Махуэм дапхуэдизу гынбжьыну къысхущымытами, жэщым пIэм дызэрыщызэрыгъуэтыжу хузимыIэ лъагъуныгъэм сыкъеуэу щIызодзэри, IэплIэшхуэ изошэкI, си нэхэр щIезгъэлъафэурэ банэм хуэдэу къысщыхъу и бгъэгуцым си щхьэр хызолъхьэжри и бгъэр къызыпхиудыным хуэдэу и гур къеуэу къызогъанэ. Абы и закъуэкъым ар къызэрызгъэIурыщIэр… Си насыпщи а си гуащэ удыжьым еспэс псори и къуэм жыриIэжыркъым ахъумэ зэпытрэ зэкIэсу укIуэ жыхуаIэм хуэдэу, къысхуиIэ лъагъуныгъэ тIэкIуми елъэпэуэнти сыригъэкIыжынт. Ауэ хэти иремыгугъэ сыкъикIуэтыну. КъэIэбэу си псэр хатхъыху сызыхуейр сщIэнущ, сызэрыхуейм хуэдэуи сыщытынущ.