
Полная версия
Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
…Гъатхэпэ мазэм и кӏуэцӏкӏэ Сэбэр ӏуащхьэм пэгъунэгъу къуажэхэм, пшапэзэхэуэгъуэ щыхъум, я щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэри, нэху щыуэ дыгъэр къыщӏэкӏыху ӏуахыркъым, я унагъуэм щыщи дунейм къытрагъэхьэркъым. А мазэм зы махуэ хэтщ удхэм я зэхуэсыгъуэу, ауэ ар дэтхэнэ махуэрами сыткӏэ пщӏэн, аращи мазэ псом захъумэж зэрыжылэу. Удхэми а зэхуэсым хуэмеижхэри яхэтщ, ауэ «ухуей-ухуэмейуэ» абы я ӏуэхур щытыжкъым. Мыхэр щӏым епха удмэ, я унафэщӏхэр уафэм епхащ, я унафэр ткӏийщ. Сыткӏи жыӏэдаӏуэ удхэм гулъытэ лей ягъуэт, дэӏэпыкъуэгъухэр кърат, пщӏэ зиӏэ удхэр зэрагъэщӏэращӏэ хьэпшып цӏугъэнэхэм щыщ къыхуагъэфащэ, зэхуэсхэм ирикӏуэну. Апхуэдэ къалэжьын папщӏэ, куэдыр къыдахьэхрэ я псэр шейтӏаным ӏэщӏрагъалъхьэу, къыхуагъэлъагъуэ цӏыхум узыфэ ӏей пкърагъэхьэу е фадафэ ящӏу «лэжьэн» хуейщ. Къызэрыгуэкӏ удмэ, фӏыцӏэрэ цӏууэ залауэ жыхапхъэм тесу йожьэ, я унафэщӏхэм я нэфӏ къыщыхуамэ, ажэ къыхуагъакӏуэри, мэшэс. Цӏыхухэм тхьэ щаӏуэж, удхэм сабийуэ къаӏэрыхьэр ядыгъуу, Сэбэр ӏуащхьэкум щагъэув ӏэнэм гъэжьауэ тралъхьэу. Ящыщи джэду защӏауэ къотӏысри унэм къыщӏокӏуасэ, къаӏэрыхьэм йопӏэстхъ, йопӏэскӏу, я лыр уфӏыцӏауэ, зэхэфыщӏауэ къагъанэри щӏокӏуэсыкӏыж, аращи, хуэсакъын хуейщ. Дэтхэнэ къуажэми сабийуэ дэсым зыри хэщӏыркъым, удхэр зэрылъатэри зыми илъагъуркъым, ауэ ӏуащхьэм пэжыжьэ жылэхэри щощтэ а нэрымылъагъу къэхъум.
«А си Улэ дахэ, Сэбэр ӏуащхьэм сыту ӏейуэ укӏуат, сынолъэӏути зыпхъумэжыну. Быным и ӏуэхур сыту гуащӏэ, уи щхьэм уемыгупсысыжу уи хъыджэбз цӏыкӏум дежкӏэ зыбдзат. Тыншу упсэуну арат сызыхуеяр, сызэрыпхуэхъуапсэр. Пэшэгъухэм уи пӏэкӏи си щхьэр япэщӏэслъхьауэ тӏум ди хьэлъэри сэ сагъэпшын, си тхыр гъэшауэ, си щӏыфэр удыным игъэуфӏыцӏауэ, фейцейуэ си гъащӏэр сагъэхь. А псор щӏэсшэчыр уэ уи щхьэрэ уи псэрэ ухуиту слъагъун щхьэкӏэти, иджы, мис, уахыхьащ. Сэ иджыри къару гуэр схэлъыху, сыбдэӏэпыкъунущ, ауэ итӏанэ-щэ?..»
Дысэ и лъапсэр фаджэлыджэ хъуащ: пщӏантӏэр ежьужьым зэщӏищтэжащ, хадэм хисэшхуэ щыӏэкъым, хисэ тӏэкӏури шыудзым етхьэлэж. Улэ къэкӏуэжамэ, дэнэкӏи зедз, псори игъэтэмэмынут, ауэ и кӏуэжыгъуэр псынщӏэу къос, Пагуэ шыгур къегъакӏуэри ирегъэшэж, е колхоз УАЗикыр къыӏихыфмэ, нэхъ псынщӏэххэу къыкӏэлъегъэс.
ТӀЫАУЗ
Ⅰ– Мы сабийр абы умышэ, – Улэ щэхуу Пагуэ йолъэӏу.
– Ар абы ишэнущ, – жи езы Майе.
– Уэ зыри къоупщӏакъым, – хъыджэбз цӏыкӏум и псэлъэкӏэр зэрызэтемыувэм анэр нэхъри егъэнэщхъей. Майе фӏэфӏщ адэм зыщӏыпӏэ ишэну мурад зэрищӏар,
дэнэми едэ, ишэ закъуэмэ.
– Мыр хуапэ, – жи Пагуэ.
– Мыр хуапэ, – жаӏар жеӏэж Майи, анэм зыхуигъэзауэ.
– Хэт «мырыр»? Сыт «мыр» жыхуэпӏэр?! – Улэ къыщетхъ, хуэмейуэ и сабийр зэрырашажьэри а сабийм и псэлъэкӏэр зэрымыхъури хузэхыхьэжауэ. Ауэ хъыджэбз цӏыкӏум езым деж мыхъумыщӏагъэ лъэпкъ щилъагъужыркъым, жиӏэми дагъуэ иӏэу къыгурыӏуэркъым.
– Мыр хуапэ бжесӏа?! – и макъым зрегъэӏэт Пагуэ.
– Мыр хуапэ бжесӏа? – щэху цӏыкӏуу жеӏэж Майе. Улэ зыри и гум темыхуэжу щӏокӏ. Пагуэ сабий щыгъын къабзэ зэтелъыр къищтэри гъуэлъыпӏэм кърикӏутащ:
– Майе, «сыхуапэ» жыӏэ, «сы-хуа-пэ». Уи анэр умыгъэбампӏэу, тэмэму псалъэ. Иӏэ, узыхуейр къыхэх мыбыхэми зыхуапэ.
Майе и адэм йоплъри щэху цӏыкӏуу жеӏэ:
– Зыхуапэ…
Самэу зэтелъ щыгъынхэм зыгуэрхэр къыхех, хуэмурэ щетӏагъэ, ауэ щӏыӏунэхэм щынэсым, хуэпхэркъыми, гъынанэу щӏедзэ. Лӏыр щӏокӏри фызыр тригъэужыну похьэ:
– Зыри къэхъунукъым здэсшэмэ, махуитӏ-щы дыщыӏэнщи дыкъехыжынщ. Ди анэри къесшэхыжынущ.
Уедауэкӏэ Пагуэ зыри къызэрыпумыхынур Улэ къыгуроӏуэ. Майе зэпеплъыхьри, и макъыр зэтриубыдэжауэ:
– Хъунукъым абы щитӏэгъахэр, хузэсхъуэкӏыжынщ, – жи.
Майе щӏэрыщӏэу ихуапэри, зрикъузылӏауэ тӏэкӏурэ иӏыгъащ. Хъыджэбз цӏыкӏум и ӏэблитӏыр гуэлъщ, ӏэплӏэ сыт хэмыту, и нитӏым гуфӏи нэщхъеягъуи къыщӏихыркъым. Щӏэкӏыну хуейщи, тӏэкӏу къытреӏэтыкӏ, армыхъумэ и анэм зыкӏи къегуэпэкӏыркъым.
Щыгъын лей хузэрылъхьэн хуейщ, унэм зэрыщӏэтын вакъэ щаби щӏыгъуу. Бжэщхьэӏум чы матэ тетщ, шхын гуэрхэр изу илъщ, и щхьэр щхьэщыпхыкӏыжащ, зы хъуржынышхуи бгъурытщ. Улэ унэм илъ шхыныпхъэм щысхьакъым, и пщыкъуэмрэ и гуащэмрэ я деж ирегъашэ. Тхьэм ещӏэ адрейми ӏыхьэ хухахынуми – Татианэщ зэгупсысыр. Сыт ищӏэн Улэ, абы ипӏри Пагуэ и бынщ.
Куэбжэпэм «Волгэ» хужь къыӏулъэдащ. Рулым дэсыр къикӏри чы матэри хъуржынышхуэри багажникым иригъэзэгъащ. Майе и щыгъынхэр зэрылъыр, зэрыджэгу гуащэр абы щхьэщысыжу, езым къыбгъурылъу фӏэкӏа идакъым. И анэм ӏэплӏэ, ба къыхуищӏащи, езым и напэр елъэщӏыж. Анэр и гъусэу зэримытӏысхьэри къыфӏэӏуэхукъым, зыщӏыпӏэ кӏуэмэ, аращ зыхуейр.
Адэр шофёрым бгъурысу, лӏитӏым я щӏыбагъым Майе къыдэсу йожьэхэр. Анэр гъуэгу сабэр къэзыгъэхъея маршынэм кӏэлъоплъ. Дапхуэдизу гугъу демыхьми, хъыджэбз цӏыкӏум и зыужьыкӏэм зыри хухэлъхьэркъым. Щӏохъуэпс сабий псоми яхэгъуащэ ищӏыну. Гъунэгъу хъыджэбз цӏыкӏухэр къыхуишэрти, унэрами пщӏантӏэрами, зыхуейм щигъэджэгурт, и пхъум и гуащэхэри хуит яхуищӏат. Майе абы щыгъуэми джэгуэгъуу къыхуашахэм тӏэкӏу яхэплъэрт, яхэтти, гунэс зэрыщымыхъуар нэрылъагъуу къахэкӏыжырт. А здишэм дауэ ар зэрыщыӏэфынур?
– Тыншу ущыс, гуащэ цӏыкӏу? – лӏы мыцӏыхур сабийм хуоплъэкӏ, мор еплъыркъым, жэуапи иритыркъым.
– Хэт деж дыздэкӏуэр, Майе? – Пагуэ и пхъум йоупщӏ, зыгуэр жригъыӏэу зэрымыбзагуэр лӏы хамэм иригъэлъагъун щхьэкӏэ.
Адэри жэуапыншэ мэхъу, ауэ Майе здэкӏуэр ещӏэ: Тӏыаузым.
– Нанэ деж докӏуэ, аракъэ, Майе? Нанэ уигу къэкӏа? – Пагуэ фӏэфӏкъым и быным дыгуэмыжьафэ къытеуэнкӏэ зэрыхъунур, аращи, зыфӏимыгъэӏуэху хуэдэурэ сабийр псалъэмакъым хишэну йолӏалӏэ.
– И, нэху цӏыкӏу, нанэ къэтшэжын? Уигу къэкӏащ, аракъэ?
Майе и гур унэ цӏыкӏу хуэдэущ зэрызыхищӏэр, зэрилъагъур. Балигъитӏыр зыгуэркӏэ къеупщӏыху, а унэ цӏыкӏум зыщеплъыхьри, къэкӏаи, къикӏыкӏаи щилъагъукъым, аращи езыри щыму къонэ, къеупщӏхэри жэуапыншэ мэхъу. Зыщ абы и гу-унэм щилъагъур: нанэ къоплъэ, къожьэри дурэш цӏыкӏум дэсщ.
– И гум исщ нанэ, – хъыджэбз цӏыкӏум и макъыр щэхуми, «нанэ» зэрыжиӏар адэм зэхехри, къэгуфӏэжауэ, зоплъэкӏ. Зыкъегъэзэжри къыбгъурыс лӏым йоупщӏ:
– Зэхэпха си пхъум жиӏар?!
Лӏым и щхьэр егъэкӏэрахъуэ, зэхэсхакъым жыхуиӏэу.
– Нанэ сигу къэкӏащ, жи! – къэхъуар бэлыхьу узыщыгуфӏыкӏыну зэрыщымытыр къызыгурыӏуэ Пагуэ и макъыр къызэрыгуэкӏ ищӏыну яужь итщ, ауэ зэрыгуфӏэр хуэбзыщӏыркъым.
Майе маршынэ щхьэгъубжэм доплъ, лъэныкъуитӏымкӏи кӏапсэлъэрышэу зэкӏэлъыщыт унэхэмкӏэ ещӏыха уэрамым ироплъэ. Зэм куэбжэм къыдэувыкӏауэ зызыплъыхь балигъхэр елъагъу, тетӏысхьэпӏэхэм тес дадэ-нанэхэм яхуоплъэкӏ, джэгум дихьэха сабий гуп цӏыкӏухэри къыщилъагъу къыхохуэ. Зыдэж къуажэхэр бгы абрагъуэхэмкӏэ къегъэбыдэкӏащи, хъыджэбз цӏыкӏум зыхещӏэ ахэр узыщыгугъ хъун быдапӏэу зэрыщытыр, я дзыхь ирагъэзу и лъапэм кӏэщӏэтӏысхьа цӏыхухэр зэрахъумэр. Зыхещӏэ, ауэ хужыӏэнукъым, жиӏэнуи елӏалӏэркъым. Майе и щхьэм допсэуж, зэкӏэ нэгъуэщӏ къилъыхъуэркъым. Ауэрэ къуажэхэр къаухри бгырэ ӏуащхьэрэ фӏэкӏа имылъагъуж мэхъу. Кӏуэмжэм, кӏуэм-жэурэ, гъэщӏэгъуэну зызыхъуэж дунейм хохьэ. Зэм и нэхэр толыдэ хъупӏэ хуитхэм, зэм мэз щхъуантӏэм псэ зыӏут куэд зэрыщыпэкӏур зыхещӏэ, нэхъыбэрэ зэплъыр бгыхэм дыжьыныфэ бгырыпх къраупцӏэха хуэдэ, тепсыпсыкӏыу къежэх псыхэращ. Псэ яхэтщ абыхэм, хъыджэбз цӏыкӏум ар фӏыуэ ещӏэ. Итӏани а псы къежэххэр зэхэлъэдэжу къэхъуа псыхъуэшхуэм езым и псэ цӏыкӏур тӏэкӏу пэӏэщӏэ ищӏмэ, нэхъ къещтэ, егъэшынэ абы щызэхыхьэжа къару лъэщым. Бгыщхьэ уэсхэри къощӏыӏэкӏ, нэхъ къищтэр удзылъэ щхъуантӏагъэхэращ. Апхуэдэу, нэм илъагъум елъытауэ зыхищӏэхэм захъуэжурэ, ар сабийм къытехьэлъащ. И гуащӏэ мащӏэр пэмылъэщыж щыхъум, гури псэри зыхъумэ жейм хилъэсащ. Ар нэгъуэщӏ дунейщ, езым и хабзэ иӏэжу. А дунейм Майе къыщелъэтыхь, мис, аузым щхьэщолъэтыкӏ, зэм «Волгэ» хужьыр зрижэ гъуэгум къыщхьэщохьэ, къуршхэмкӏэ егъазэ…
– Майе, дыкъэсащ! – жи адэм.
Тӏыауз къалэ цӏыкӏум Майе и щыпэкъакӏуэщ. Дэни хуэдэу, мыбыи дыгъэ къыщопс, жьы къыщопщэ, сабафэ щхьэкӏэ, сабэншэщ. Мыбы дэт унэхэм хэлъ щхьэгъубжэ зэпэплӏимэхэм я щхьэм нэгъуэщӏ къытетщ, абы ищхьэжым иджыри къытетщ, псори зэхуэдизыбзэщ. А унэхэр зи инагъ ущӏыхьэмэ, ущӏэгъуэщэнукъэ? Ящыщ зым щӏохьэ зэадэзэпхъур. Дэкӏуеипӏэ къэгъэш-нэгъэшымкӏэ докӏуей, ещанэ къатым носри зэхуэплъэу хэлъ бжэ зэщхьитӏым язым бгъэдохьэ. Майе шхынымэ къыщӏехьэ: зыгуэрым кӏэртӏоф егъажьэ, бжьын куэду хэгъэлыбжьауэ. Псыунэм́ и щӏэтщ. Майе и гур къокӏуэ, и щхьэр мэуназэ, и лъакъуэр щӏощӏэри къомэх.
Ӏэгу пхъашэ и щхьэфэм къыдалъэмрэ макъ щабэ къепсалъэмрэ зыкърагъэщӏэж. Тӏури фӏэфӏщ, и псэм ӏэпех, и гум дохьэ – и нанэращ зейр. И нэр къызэтримыхыу и напӏэм къызэпхроплъри, нэху защӏэу зэщӏэблэу елъагъу и анэшхуэр. Нанэ и нэхум хэджагуэу щылъыфынут ӏэджэрэ, ауэ абы уфафэу зы ныбжьышхуэ къыщхьэщытщ – ар и адэм ейщ.
– Мы сабийр шхауэ къепшэжьа? – гузавэм игъэкӏэзызыхь макъкӏэ щӏоупщӏэ нанэ.
– Сэ сщӏэрэ? – жи и адэм, и пцӏыр пэжыфэу игъэӏуну егугъуурэ. Улэрэ езымрэ зэдэуэху маршынэр къэсри, сабийр мышхауэ кърагъэтӏысхьат. Пэжыр жиӏэмэ, анэр шхыдэнущ, Пагуэ абы хуейкъым.
Майе къызэфӏотӏысхьэ. Нанэ и нэхур иджыри зэщӏоблэ, адэм и ныбжьыр мэкӏуэдыжри и теплъэр къонэ.
Пэш цӏыкӏум щӏэтыр мащӏэщ: сырэ, ӏэнэ, шэнтитӏ, гъуэлъыпӏэ бгъузэ. Ущызэкӏэщӏэплъу къабзэщ. Блыным фӏэлъ гъуджэ хъурейм тредзэ щхьэгъубжэм къыдидз пщыхьэщхьэ дыгъэ нэбзийхэр, абдежым зыкъыщагъэшыжри, езы гъуджэр мыгъуджэу, щхьэгъубжэ хъурейрэ дыгъэр абыкӏэ къыщӏэпсэу фӏэкӏа умыщӏэну, пэшым зыщызэбгрепхъ. Майе нэбгъузкӏэ къеубыд а дыгъэ нэбзий щабэм и гуащӏэ кӏуэщӏым щыщ. Езым ейр кӏуэщӏыпащи, мор зыщӏешэ… Бжэр къыӏуехри бжэщхьэӏум лӏы лъагэшхуэ къобакъуэ.
– О-оо, хьэщӏэ диӏи!
– Уи къуэшыр хьэщӏэмэ, къикӏащ, бгъэхьэщӏэнщ, – жи анэм.
– Мы пӏэкум ис къупщхьэ гуащэри хэт? – лӏы сырыхур Майе хуогуфӏэ. Майе нэбгъузкӏэ дыгъэ бзий къеубыдри щысщ, хъуреягъым щекӏуэкӏыр зыкӏи къыфӏэмыӏуэхуу.
– Жеящ, къэуша къудейщи аращ, – жеӏэ нанэ, сабийр и адэ къуэшым зэремыплъыр гуажэ щимыщӏыну. Ӏэдэм и ӏэ фӏыцӏитӏыр итхьэщӏыну щӏокӏри, кӏэрыкӏаӏауи къыпхуэмыщӏэу къегъэзэж. Езым хуэдэ лэжьапӏэ къикӏыжахэри зытхьэщӏыпӏэм къэкӏуат, я ӏэр ягъэкъабзэу ӏэнэм пэрытӏысхьэну пӏащӏэхэу. Псоми пэш зырыз яӏэу щӏэсщ, ауэ зытхьэщӏыпӏэри, зыгъэпскӏыпӏэри, пщэфӏапӏэри, псыунэри зэдайщ. Мы унэм щӏэсхэм псоми я лэжьапӏэр зыщ, зи дэкӏыгъуэхэр зэгъусэу щӏокӏ, зэкӏэлъхьэужьу къокӏуэлӏэж, аращи, загъэпскӏын, я ӏэр патхьэщӏыкӏын щхьэкӏэ зыр зым йожьэж.
– Ухуеймэ, сабыныр бухыху щыхуэ, мыр кӏэрыкӏынукъым, – жи, и ӏэм хия ӏэпапӏэ фӏыцӏэхэм Майе зэреплъым гу лъитауэ. Хияри зыгуэрщ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур зэплъыр Ӏэдэм и ӏэбжьанэхэращ. Ахэр хъуреишхуэщ, иушкумбащи, шейщӏэт цӏыкӏу хуэдэщ. Майе зыхещӏэ Ӏэдэм и гъащӏэр зэрыхьэлъэр. Езыр нэшхуэгушхуэну яужь итщ, ауэ и плӏэм нэрымылъагъу хьэлъэ илъщ. Ар адрейхэм ямылъагъуми, Майе елъагъу. Ӏэдэм и лэжьапӏэр къицӏыхуну хуейщ. Къехъулӏэну пӏэрэ?
Ӏэдэм дуней хуитым зэрытетым нэхърэ нэхъыбэрэ щӏы щӏагъым щӏэтщ. Щыгъын къабзэ щыгъыу унэм щӏокӏ, къуршым драшей, гъуанэм йохьэри, япэ зыхуэзэр зыхуэпапӏэращи, щӏохьэ. Блыным хэукӏа фӏэдзапӏэхэм фӏэлъщ ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту щӏэзыхъумэ зэпыт, щэкӏ пхъашэм къыхэщӏыкӏарэ щыптӏэгъэныр гугъу ищӏу ткӏийуэ. Хьэршым зэрылъатэ скафандрым ещхьщ. Мо куэдым ямыцӏыху щыгъыныгъуэр екӏуэкӏыу зыфӏэлъ пэшым щӏыхьэху, Ӏэдэм къыщохъу зы къэгупсыса дуней гуэрым къыщыхутэу. Адрейхэми хуэдэу, ерагъкӏэ и «скафандрым» йопщхьэри, къыкӏэлъыкӏуэ пэшым щӏохьэ. Мыбдежым уэздыгъэ зыхэт гъущӏ пыӏэр къыщрат, цӏыху къэс езым ейуэ бжыгъэ зытет жэз хъурей цӏыкӏу и гъусэу. И лэжьэгъухэм яхэту адэкӏэ зэпрыкӏыпӏэ кӏыхьу пхырыхам ирокӏуэри, шахтэм езышэхыну лифт щхьэ ӏухам йотӏысхьэ. Лифтыр зыгъэлажьэм шахтёрхэм я жэз хъурей цӏыкӏур яӏех. Ещхьыркъабзэу, къагъэзэжмэ яритыжынущи, ӏупщӏ хъунущ псори шахтэм къикӏыжарэ зыгуэр къинарэ. Лифтыр йожьэ. Ар апхуэдизу псынщӏэу зокӏуэри, я дамэр зэгъэкъуауэ зэхэт цӏыхухъу гупым я хьэлъагъым фӏыуэ хэщӏу къащохъу. Пыӏэхэм хэщӏыхьа уэздыгъэм я закъуэщ нэху къэзыдзыр. Тхьэкӏумэхэр зыгуэрым къыӏуикудэ хуэдэу мэхъу. Лифтыр шахтэм носри къоувыӏэ, гъущӏ тӏысыпӏэхэр зиӏэ мафӏэгу цӏыкӏу щытщи, псори йотӏысхьэ, мафӏэгу цӏыкӏур щӏопхъуэ, дэгъэзеигъуэми егъэзыхыгъуэми къыпхуэмыщӏэу кӏуэцӏрыкӏ зэпрыкӏыпӏэ пхырыхам и кӏыхьагъкӏэ ирикӏуэ гъущӏ гъуэгум тету. Дакъикъэ зыхыблкӏэ кӏуауэ, къоувыӏэри псори къокӏ. Зи лэжьэгъуэр зыухахэр къэкӏуахэр къызэрыкӏа мафӏэгу цӏыкӏум йотӏысхьэ, фӏэхъус зэрах, псалъитӏ-щы зэпадзыж. Къэкӏуахэр иджыри лъэсу зыкъомрэ пхрыкӏын хуейщ, лэжьыгъэ къащыпэплъэм нэсын папщӏэ. Гупым яхэту Ӏэдэми пхрокӏ, и лэжьапӏэм нос, пцӏий, вольфрам, молибден хъугъуэфӏыгъуэхэр къызыхах мывэр нэхъыбэу къызэрыгуиудыным хущӏокъу. Лагъым щӏалъхьэу къыщыгуауди щыӏэщ, ауэ ӏэпщэуэн лэжьыгъэр ирокъури къолыж. Гугъу зрамыгъэхьу хъунукъым. Зы дэкӏыгъуэу лэжьыгъэм пэрыхьэм къыхуагъэувам хуэдизыр къимылэжьмэ, абыхэм ягъэчэмар зэзыхъуэкӏыну гупым нагъэсыжын хуей хъунущ. Ар цӏыхугъэкъым, напэкъым, аращи, лъэкӏ къамыгъанэу мэлажьэ. Ӏэдэм и ӏэхэм дыркъуэ къытохуэ, и ӏэпэхэр пеущэбыкӏыж, ӏэбжьанэхэр еупӏэщӏ. И тхьэмбылыращ нэхъ гугъу ехьыр – щӏы щӏагъым махуэ псокӏэ щыбэуэн хуей мэхъу.
«Мыр хъунукъым, си къуэш, ауэрэ узыншагъэ жыхуаӏэ уимыӏэжу укъэнэнущ. Сэри сыщӏэтащ а шахтэм, сощӏэ зищӏысыр. Еджапӏэ узгъэкӏуэнущ, инженеру еджи, къэбгъэзэжынщи шахтэм уемыхыу, дуней хуитым утету улэжьэнщ», – Пагуэ и къуэшым зыщӏигъэкъуэну хуейщ, ауэ модрейм къыжраӏэр зэхимых хуэдэщ. Илъэс щэщӏым хэт еджакӏуэ кӏуэр? Анэр и бынитӏым къахоплъэ, и къуэрылъхум хуоплъэкӏыжри хощэтыкӏ.
«Пэжкъэ сэ жысӏэр, дянэ? Мыр еджэн хуейщ! Куэдрэ хурикъун и гугъэ а зыпэщӏэт лэжьыгъэ хьэлъэм?» – Пагуэ жиӏэр къыдаӏыгъыну хуейщ, ауэ нанэ щымщ.
Ӏэдэм и еджэныр хэтӏэсащ, зэманыр ӏэщӏэкӏащ, ар зыхещӏэри, и къуэш нэхъыжьым пэмыуву зэрыфӏэкӏын жэуап къелъыхъуэ:
– Сэ уэ жыпӏэр къызгуроӏуэ, седжэну сыхуэмейуи аракъым, ауэ уи ахъшэкӏэ седжэнукъым. Къэзлэжьыр зэхуэсхьэсынщи, мис итӏанэ…
– Илъэситӏ мэхъу мыбы узэрыщыӏэрэ, зыгуэр бгъэтӏылъа?
Ӏэдэм погуфӏыкӏ:
– Уэ сэракъым укъыщӏэкӏуар, ди анэр пшэжынуращи, ныпхуэкӏуэжмэ, шэж. Ар зэрыщыӏэр сэркӏэ зы фӏыгъуэ ирокъу, ауэ пэш нэщӏым щӏозэшыхьри, согузавэ. Сэ махуэ псом солажьэ, пщыхьэщхьэм щӏалэхэм садыщысын хуей мэхъу, апщӏондэху и закъуэщ.
– Сызэшкъым сэ, цы зэрызохъэ, тӏэкӏу сожьыщӏэ, сопщӏафӏэ, ауэрэ махуэр макӏуэ.
Пагуэ и анэр имыгъусэу кӏуэжынукъым, ауэ игу дахэ зэрищӏын псалъэ къыхуэгъуэткъым. Зигъэгусэу къыдэкӏа анэм ебгъэгъэзэныр ӏуэхущ. Пагуи дахэ жызыӏэфхэм ящыщкъыми, нэхъри гугъу йохь. Сытми, игу илъыр жеӏэ, а жиӏэри и фӏэщщ:
– Сэ уи жагъуэ сщӏамэ, къысхуэгъэгъу. Уи нысэм иджыри зыгуэр къыбжиӏэмэ, езыращ унэм щӏэкӏынур. Псалъэшхуи зэӏэпамыхыу пщыхьэщхьэшхэ ящӏри мэгъуэлъыж. Гъуэлъыпӏэ закъуэм нанэрэ Майерэ хэлъщ, зэкӏуэцӏыпх-зэкӏуэцӏыплъхьэ хъу гъуэлъыпӏэ псынщӏагъуэр Пагуэ къылъысащ, езы Ӏэдэм и ныбжьэгъум деж нэху къыщекӏынущ. Майе и нанэм ӏэплӏэ ирешэкӏ, зэхуэзэша анэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ зызэщагъэнщӏыжыркъым. Нанэ хъыджэбз цӏыкӏум и щхьэпхэтӏыгум ба хуищӏащ – асыхьэту абдеж дыдэм гъэгъа хужь къыщызэрыкӏащ.
Пагуэ и бзэху гъуэлъыпӏэм изагъэркъыми, зегъэджэрэз, игъэкӏыргъыу, игъэтхьэусыхэу. Жейм емызэгъыр нэхумыщу къэтэджщ, ӏэуэлъауэ имыщӏыну хуэсакъыурэ зихуапэри, щӏэкӏащ.
– Напэ мытхьэщӏу цӏыхум уахэмыхьэ, – кӏэлъыӏущэщащ нанэ.
Майе адэм и лъэ макъым щӏодэӏу. Ар пэш цӏыкӏум щӏокӏри ещанэ къатым и пырхъуэ кӏыхьым ирокӏуэ, дэкӏуеипӏэхэмкӏэ йох, пщӏантӏэм къыдохутэри уэрамым тохьэ, макӏуэ-сыкӏуэ, макӏуэ-сыкӏуэ, хобэкъукӏ, и напщӏэри уфащ…
Нанэ жэз тасыр къигъэуври андез ищтащ, пщэдджыжь нэмэзыр ищӏри нэмэз щыгъэр иӏыгъыу пӏэм итӏысхьэжащ. Майе и напӏэр зэрыкӏэзызымкӏэ къыгурыӏуат ар зэрымыжейр, ауэ езыр-езыру къэплъэху и гугъу ищӏынукъым. Майе мэжеижри куэдрэ къытезыгъэзэж и пщӏыхьэпӏэр елъагъу. Кӏыфӏыгъэ гуэрым хэтщи, хуаби щӏыӏи зыхищӏэркъым. Вагъуэхэм яку езыр итщ. Зиплъыхьурэ Щӏыр къецӏыхуж. Гъунэгъу зыхуещӏ, къащхъуэри щхъуантӏэри зэхецӏыхукӏ. Щӏы щхьэфэм теувэну и лъакъуэ ижьыр ешийри – и лъэтхьэмпэм нэхърэ зытеувэну Щӏыр нэхъ цӏыкӏущ. Тенджызым хэувэну хуейкъым… Дэнэ иджы здэкӏуэнур? Къыздикӏам игъэзэжыну? Ар дэнэ?
Майе и псэм гугъуехь гуэр зэрытелъыр нанэ елъагъури, телъэщӏыхьурэ къегъэуш. Нанэ и ӏэплӏэр сыту хуабэ, и ӏэ пхъашэхэр сыту щабэ.
– Нанэ…
– Сыт ущӏэгъыр? Уи адэр къэкӏуэжынущ мыгувэу, умыгъ…
Майе и адэм кӏэлъыгъыну игуи къэкӏыркъым. Абы и хьэлкъым зыгуэрым кӏэлъыгупсысэу, кӏэлъызэшу. И нэпсыр къыщӏэзыхуар ищӏэнур ищӏэртэкъыми аращ. А зы закъуэращ зыгъэдзыхэр – хэкӏыпӏэ щимылъагъукӏэ, и щхьэр, и пкъыр здихьын щимыгъуэткӏэ, зыгъэпщкӏупӏэ щыхуэныкъуэкӏэ.
Нанэ хъыджэбз цӏыкӏум зрегъэтхьэщӏ, зрегъэхуапэ. Ӏэдэми къэкӏуэжащи, ипщэфӏар ӏэнэм къытрегъэувэ, Ӏэдэм шей игъэващи, къахурекӏэ. Майе и шейм хоплъэ, плъыжьыфэ дахэщ, ӏупэм езэгъыу упщӏыӏуащ. Зы ӏубыгъуэ ищӏщ, тӏэкӏурэ и жьэм жьэдигъэтри иригъэхащ. Етӏуанэуи еӏубащ, ауэ хуегъэхкъым, и жьэм жьэдэту иӏыгъщ.
– Егъэх, си хъыджэбз цӏыкӏу, – мэлъаӏуэ нанэ. Дэ дышхащ, уэ шейм уеплъу ущысурэ. Егъэхи иджыри еӏуб.
– Майе, ушхэмэ, сэ экскурсие усшэнущ. Умышхэмэ, зыщӏыпӏи усшэнукъым. Иӏэ, зыхыумыгъэныж си экскурсием, – жи Ӏэдэм.
«Экскурсие» псалъэм къикӏыр фӏы дыдэу ещӏэ Майе – зыплъыхьакӏуэщ. Зиплъыхьыну хуейщи, шей ӏубыгъуэр ирегъэх. Абы фӏэфӏщ зыщӏыпӏэ щашэм деж. Нанэ игъэжьа щӏакхъуэм йодзакъэ, анэшхуэри мэгуфӏэ. Ӏэдэм нобэ и зыгъэпсэхугъуэ махуэщи, и хьэщӏэ цӏыкӏур тригъэуну хуейщ, дауэ махуэ псом унэ блынджабиплӏым щыпӏыгъын сабийр… И къуэшыр здэкӏуар ещӏэ, ар щӏэх къэкӏуэжынукъым. Нанэ къуэрылъхур ихуапэри Ӏэдэм къыӏэщӏилъхьащ:
– Мыбы хуэсакъ. Жыжьэ фымыкӏуэ, жьапщэщ.
– Мы щӏыпӏэр сыт щыгъуи жьапщэщ, ар дызэсэжа ӏуэхущ.
Къалэм сабий щытебгъэун иӏэкъым. Аращи, Ӏэдэм сабийм и ӏэпэр иӏыгъыу лэжьакӏуэхэр ӏузыш маршынэм итӏысхьэри шахтэм кӏуащ. Майе ирегъэлъагъу:
– Мис бгым дызэрихьэ бгъуэнщӏагъхэр.
Майе и бзэр къеутӏыпщ.
– Сеплъыну сыхуей, – жи.
– Абы уеплъын щхьа, бгы гъуанэм уихьэу адэ нэс уехын хуейщ, – жи адэ къуэшым. И гугъэщ Майе шынэу щӏегъуэжыну.
– Сешэхи сыгъэлъагъу, – Майе тегушхуэныгъэ хэлъщ. Зи макъ куэдрэ къэмыӏу и къуэш быныр къопсалъэ, къолъэӏу – Ӏэдэм и гур дауэ щабэ къэмыхъунрэ… Сыт абы хэлъыр – езыр апхуэдизрэ зэрызекӏуа гъуэгум сабийр и гъусэу ирикӏуэным?
– Уделэ уэ? Ар ядэнукъым! – къыжраӏэ и лэжьэгъухэм.
Ӏэдэм шахтёрхэм я унафэщӏым бгъэдохьэри йолъэӏу и хьэщӏэ цӏыкӏур шахтэм щӏригъэшэну.
– Хьэуэ, сыкъащӏэмэ, сыӏуагъэкӏынущ. Мыр сабий теупӏэкъым, уи жагъуэ умыщӏ, – къыжреӏэ.
Ӏэдэм щӏэлъэӏуар къызэрыхуамыщӏам къытригъэхьат, сабийми щыукӏытэ хуэдэт, къызэригъэгугъар хуищӏэжыфтэкъыми. Хуейт мо хъыджэбз махэ, гуащӏэмащӏэ цӏыкӏур игъэгуфӏэну, игъэгушхуэну, гукъыдэж иритыну. Сытым къыхэкӏми, Майе щеплъкӏэ, Ӏэдэм и гур пихырт. Езыри къыхудоплъей:
– Сеплъыну сыхуей…
Лӏыр зэуэ къогуфӏэж:
– Къэсщӏащ сщӏэнур!
Лэжьакӏуэхэр къезышэкӏ шофёрым йолъэӏу шахтэжьым нигъэсыну, модрейми куэдрэ зригъэлъэӏуакъым, жыхуиӏар хуищӏащ. Ӏэдэм фӏыуэ ецӏыху щӏыпӏэр, лэжьэн щыщӏидзам а шахтэжьырат мывэ къыщӏэхыпӏэу щытар.
– Ауэ дыщӏыхьэу дыкъыщӏэкӏыжынуращ, куэдрэ узыпэдгъэплъэнукъым, – жреӏэ къэзышами, Ӏэдэм сабийм и ӏэпэр иӏыгъыу къыр гъуанэм щӏохьэ. Кӏыфӏым зэрынэсу нэхурыдзыр щӏигъэнащ. Арыншамэ зыри ялъагъунутэкъым…
Мыбы щылэжьауэ щыта цӏыхухэм я пщӏэнтӏэпсу мывэмрэ пшахъуэмрэ зыщӏафар Майе къыщӏехьэ. Щӏым езым и мэмрэ къыхэкӏ псыӏагъэмри зыхещӏэ. Щӏыр, цӏыхур, абы и пщӏэнтӏэпсыр – мыхэр зэпхащ, Майе ар зэрегъэзахуэ, ауэ хужыӏэркъым. Куэд къыгуроӏуэ, и щхьэм щызекӏуэ къомымрэ и гум зэригъэзахуэмрэ ирагъэш, и гуащӏэр щӏах.
– Мис мыращ ди шахтэжьыр. Иджы нетӏэ дызыщӏамыгъэхьам дагъэӏэпхъуащ. Плъагъурэ мыр зэрыкуур, зэрыкӏыхьыр? Мис а къомыр уадэ защӏэкӏэ шахтёрхэм къраудауэ аращ. Мыбы мывэу щӏашар куэд дыдэ мэхъу. Ахэр икӏи лъапӏэщ. Хъугъуэфӏыгъуэу жыпӏэ хъунущ.
Майе и адэ къуэшым йодаӏуэ, абы жиӏэр езыр зыщыгъуазэ гуэру къыщохъу, ауэ зыри пидзыжыркъым.
– Накӏуэ иджы, гуащэ цӏыкӏу, дыщӏэкӏыжынщ, – жи Ӏэдэм. Абдежым и нэхурыдзыр мэункӏыфӏ. Зэридзэ хуэдэу ищӏащ, теуӏуащ, ауэ къэблэжтэкъым.
– Гуащэ, мы си джанэ кӏапэр убыди сыӏыгъ, умышынэн хуэдэу, сэ мы нэхурыдзым и уэздыгъэр къикӏуэтауэ аращи, исӏуэнтӏэжынщ.
Ӏэдэм пэщэщэн иухыу нэхурыдзыр щыщӏигъэнэжам, Майе джанэ кӏапэр иӏыгъыжтэкъым, гъунэгъууи щыӏэтэкъым. Хъуреягъым нэхур трегъапсэ, шахтэм нэхъ куууэ щӏохьэ, къокӏуэтыж, маджэ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур къыпэджэжыркъым. Жэрыгъэкӏэ къыщӏожри, и бгыр щӏигъэщэтауэ маршынэм илъ шофёрым йожалӏэ, арщхьэкӏэ Майе къыщӏэкӏыжакъым, хьэуэ, хьэуэ, дэнэ кӏуами, сабийр шахтэм и кӏуэцӏым щыӏэщ.
– Мыр сабий здэпшэ хъун щӏыпӏэ, сыт мыгъуэм щхьа уигу къэкӏа ар? Лӏот-тӏэ къолъэӏум, сабийм жиӏэу хъуар хуэпщӏэн хуейкъым!
Ӏэдэм абы жиӏэми емыдаӏуэу шахтэм щӏолъэдэж, нэхурыдзыр ӏэтауэ иӏыгъыу. Хъыджэбз цӏыкӏур щыӏэщӏэкӏэрэхъукӏа щӏыпӏэм нэс егъэзэж.
Шахтэ ехыпӏэри жыжьэжтэкъым. Ӏэдэм игу къэкӏар и щхьэм доуеиж – Майе абы ехуэхагъэнущ!
Ехуэхатэкъым. Хуэмурэ, зихъумэжурэ ехащ, кӏыфӏым хэту. Хьэуар хурикъут. Балигъхэр я щхьэр щӏэгуауэ фӏэкӏ щыземыкӏуэф бгъуэнщӏагъым сабийр зэфӏэту щӏэтт.
Ӏэдэм егъэзыхыгъуэ задэмкӏэ йох, гужьеящ, мэпӏащӏэ. Майе кӏыфӏым къыхелъагъукӏри, гуфӏэщауэ мэкӏий… Абы и кӏий макъым Майе зыкӏэлъыплъ гъэщӏэгъуэныр егъэкӏуэдыж. Еууей, сытым щхьа зэран хъуа… Хъыджэбз цӏыкӏур мыбы къэзышар бгъуэнщӏагъым и къуэгъэнапӏэ жыжьэм къыщӏидз нэхугъэрат. Абы къыгурыӏуат ар зэрымыуэздыгъэр, зэрымыдыгъэр, зэрымыуэздыгъэ нэфыр. Дауэ зэхыумыгъэкӏынрэт а гъуэзыр зыхэт нэхугъэр къыздикӏыр… Ӏэдэм зэригъусэри къыфӏэмыӏуэхужу, Майе и гулъытэр зыубыдар зищӏыс дыдэр къищӏэну екӏуэтэхыу щӏидзащ. Зэи и лъакъуэр щӏэжри джэлащ, и лъэгуажьэри и ӏэфракӏэри фӏыуэ тритхъуу, ауэ ари къридзакъым, къэтэджыжри и гъуэгум пищащ. Мис, къэблэгъащ къуэгъэнапӏэм. Занщӏэу къуэкӏын дзыхь ищӏакъым, хуэмурэ и щхьэр къуигъэжри нэ лъэныкъуэкӏэ плъащ. Илъэгъуар псысэхэм хэту зыщыгъуазэ гуэру къыщыхъури, и щхьэр къуигъэжыпащ. Къыщехым къуэгъэнапӏэу фӏэкӏа къыщымыхъуами, къилъэгъуар пэш хуэдиз хъууэ бгъуэнщӏагъ ӏэхуитлъэхуитышхуэт. Къэщӏэгъуейт гъуэз зэрыщызекӏуэр зыхэплъагъукӏ нэху зэхэмыбзыр къыздикӏыр, ауэ ари фӏэгъэщӏэгъуэныжакъым нэхъ гъэщӏэгъуэныж щыӏэти. Утыкум исщ Майе цӏыкӏужьей зыщӏэхъукӏ псэущхьэ абрагъуэ гуэр, и щхьэр шындырхъуоущхьэм ещхьрэ и кӏапэшхуэр щӏым триупцӏэу. Мыбдежыр щӏыӏэ дыдэт. Ар зыуи къызыщымыхъу псэущхьэ абрагъуэм и нитӏыр теубыдащ уэздыгъэм хуэдэу къаблэу хъурей гъэпща и пащхьэм итым. Хъурейр хуэмурэ зэм ижьымкӏэ, зэм сэмэгумкӏэ щэнауэу мэхъей.
Апхуэдизкӏэ а ӏуэхум дихьэхащ псэущхьэри, и нитӏ къицӏуукӏыр хъурей щэнауэм къытрезыгъэхын щымыӏэу къыщыхъуат Майе. Ӏэдэм и джэ макъыр къызэрыӏуу, нэхугъэ мащӏэри псэущхьэшхуэри лъэужьыншэу кӏуэдыжащ. Къэхъуамкӏэ мыарэзы Майе, адэкъуэшым гужьеяуэ езыр къызэрилъыхъуэр къыгурыӏуами, зигъэхъеякъым, къеплъэкӏакъым. Ӏэдэми, псом ящхьэр арати, псэууэ къигъуэтыжа хъыджэбз цӏыкӏур къипхъуатэри дуней хуитым къытрихьэжащ.
ⅡАнэшхуэр къэщтат хъыджэбз цӏыкӏум и ӏэфракӏи и лъэгуажьи уӏэгъапхэ къешэкӏауэ, и щыгъыныр зэхэуфӏеяуэ ӏэплӏэкӏэ къыщыхущӏахьэжам. Ӏэдэм фӏыуэ игу къэкӏат сымаджэщым я уӏэгъэпхым деж ишэу теудахэр иригъэкъэбзэну, иригъэпхэну. Анэшхуэм сабийр зэпеплъыхь.
– Къупщхьэ къута, зэрыпкӏа сыт иӏэкъым жиӏащ дохутырым…
– Делэ ухъужат?! – Жануэс мэшхыдэ. – Уи къуэшым и сабий закъуэр пӏэщӏэкӏуадэ пэтащ. Сэ пщӏантӏэм сыкъыщӏыдэкӏар мыбы си зэран екӏыу жаӏати аращ. Иджы мыбы и анэм яукӏ пэтащ си быныр жиӏэми, пэжкъэ?!
Ӏэдэм и щхьэр пэшым щӏихри щӏэкӏащ. Майе зыри жимыӏэу щысащ апщӏондэху. Адэ къуэшыр щӏэкӏа нэужь, и бзэр къиутӏыпщащ. Майе щыпсалъэ закъуэтӏакъуэххэр унэм щӏэсым я гуфӏэгъуэшхуэт, ауэ иджыпсту жиӏэм Жануэс игъэгуфӏэркъым.
– Кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху. Щӏыкъатибл, благъуэ…
А псалъэхэр сабийм къызыхихар анэшхуэм жриӏэу щыта псысэхэращ.
Илъэсищ щыхъуам, Майе иджыри псалъэртэкъым. Жануэс псысэ цӏыкӏу жриӏэурэ къигъэпсэлъащ. Къыщиудауэ нанэ и псысэхэр жиӏэжырт. Макъхэр тӏэкӏу пӏытауэ къыжьэдэкӏырт, щэхуут зэрыпсалъэр, ауэ ар ӏуэхутэкъым – сабийр къэпсэлъат!
Блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ ятеухуа псысэрат жиӏэжыр. Анэр гуфӏащэри гъащ. Пщыхьэщхьэ хъури, адэр къыдыхьэжащ, мо гуфӏэгъуэшхуэм кърихьэлӏэжащ. Гъэхуауэ таурыхъыр къыжезыӏэжа и пхъур дрихьеящ, кърихьэхащ, и ӏэплӏэм ису хьэблэм дихьэри зыхуэзэм яригъэлъэгъуащ и пхъур зэрыпсалъэр. Хьэблэм дэсхэр унагъуэм къадэгуфӏащ. Хьирэт къежэкӏри нэпс нэпцӏ щӏипӏытӏыкӏащ. Ежэкӏыжри, унагъуэм ящӏэнуӏами хунимыгъэсу, дэлэнищ иӏыгъыу къигъэзэжащ – ар хабзэт, гуфӏэгъуэ хъуамэ.
– Дэлэн къыпхуэсхьащ, Кӏунанэ цӏыкӏу, «дэлэн» жыӏэ! – зыхуригъэзыхауэ хъыджэбз цӏыкӏур хегъэзыхь. Мобыи блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ теухуа псысэр къригъажьэри и кӏыхьагъкӏэ къыжриӏащ.
– Фшхы, кхъыӏэ, фымыгъэупщӏыӏуу, – Хьирэт и нэхэр иригъэджэрэзыхьри щӏэкӏыжащ.
Майе жиӏэж псысэм унагъуэр куэдрэ ирипэгащ. Нанэ къызэрыжьэдэкӏа дыдэм ещхьу къеӏуэтэж. Ауэрэ и ӏэ-и лъэ ищӏу, зытепсэлъыхьхэм запищӏыжу хуожьэ. «Кӏуэм-лъэм, кӏуэм-лъэуэ» щыжиӏэкӏэ, езыри макӏуэ, малъэ. Улэ ар япэу щилъэгъуам, пыгуфӏыкӏащ – сабийщ, мэджэгу. Етӏуанэу, ещанэу… махуэ къэс. Иджы «щӏыкъатиблыр» къыхэхъуащ. Пӏэкум исщи, еплъыхыурэ зыгуэр жеӏэ, макъхэр егугъуу къепсэлъ. «Щӏыкъатибл… щӏыкъатибл…»
Нанэ и щхьэфӏэпхыкӏ гъуабжэр фӏэщэтри, и щхьэц тхъуар къыщӏэщащ, ауэ ари къищӏэркъым, хъыджэбз цӏыкӏум тогузэвыхьри.